Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 А лъахъшапӀэ дыдэм къехар езы дыдэращ уафэ псоми нэхърэ нэхъ лъагэу дэкӀуеижар, къэхъугъэ псори щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу нэгъэса ищӀын щхьэкӀэ.)

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:10
24 Iomraidhean Croise  

Пэжыр нывжызоӀэ, мы лъэпкъыр мыкӀуэдыж щӀыкӀэ, мы Ӏуэху псори къэхъунущ.


– Сыщывигъусам нывжесӀауэ щытар мыращ: Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэми, адрей бегъымбархэм я тхылъхэми, Сабурми сэ къыстеухуауэ ит псори къысщыщӀурэ пэж хъун хуейщ, – къажриӀащ Хьисэ абыхэм.


Езым и фӀыгъуэшхуэм щыщу зы нэфӀ щыхуэныгъэр адрей нэфӀ щыхуэныгъэм къыкӀэлъыкӀуэу къытлъигъэсащ.


– Мыр зэпыдмыгъэжу, пхъэидзэ дывгъэщӀи, зытехуэм еттынщ, – жаӀащ абыхэм. Апхуэдэу щӀэхъуар Хьисэ теухуауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: «Си щыгъынхэр зэхуагуэшащ, си джанэм щхьэкӀэ пхъэидзэ ящӀащ». А псалъэхэм тетущ зауэлӀхэм Хьисэ и щыгъыныр зэрагуэшар.


И лэжьыгъэр зэрынигъэсар ищӀэрти, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтхэр пэж хъун щхьэкӀэ, Хьисэ жиӀащ: – Псы схуолӀэ.


Мы Ӏуэху псори апхуэдэу щӀэхъуар Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: «Абы и къупщхьэхэм ящыщ зыри зэпыудынукъым».


– Фэ, Галилей хэкум щыщ цӀыхухэр, – жаӀащ а лӀитӀым, – мыбдежым фыщыту уафэм щхьэ фыдэплъейрэ? Тхьэм уафэм дришеижа Хьисэ уафэм дэкӀуеижауэ зэрыфлъэгъуам хуэдабзэу къехыжынущ.


А псалъэхэр жиӀа нэужь, Хьисэ абыхэм ялъагъуу, Тхьэм уафэм дришеижащ. Пшэ къытехьэри, Хьисэ ямылъагъуж хъуащ.


Тхьэм Хьисэ уафэм дришеижу, и ижьырабгъумкӀэ зыбгъэдигъэтӀысхьа нэужь, Адэ лъапӀэм къызэригъэгугъа и Псэ ЛъапӀэр абы къритащ, фэ зэрыфлъагъущ, икӀи зэрызэхэфхщи, Хьисэ а Псэ ЛъапӀэр дэ къытхуригъэхащ.


Тхьэм бегъымбар псоми я гум кърилъхьэри, къажригъэӀащ езым и Мэссихь гугъуехь куэд ишэчын хуейуэ зэрыщытыр, Тхьэм зэриухам хуэдэуи хъуащ.


Мэссихь зи псэм щыщ лӀы гуэр соцӀыху. Илъэс пщыкӀуплӀ и пэкӀэ Тхьэм ар ещанэ уафэм нэс дрихьеящ. Пкъым хэлъарэ хэмылъарэ сэ сщӀэркъым, ар Тхьэм ещӀэ.


А фӀылъагъуныгъэу щӀэныгъэ псоми къамыубыдыфынур фщӀэн ирехъу, Тхьэм и хьэл-щэн псори фхэлъын щхьэкӀэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм игъуэу илъытати, и щытыкӀэ псори и Къуэм хэлъ хъуащ.


Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.


Аращи, уафэм дэкӀуеижауэ, Тхьэм и Къуэ Хьисэ дин пашэшхуэу диӀэщи, дэ диӀэ фӀэщхъуныгъэм дытету щыпкъагъэкӀэ дривгъакӀуэ.


Мыпхуэдэ дин пашэшхуэщ дызыхуэныкъуэр: и гур къабзэу, зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ бгъэдэмылъу, лажьэ зыри имыӀэу, гуэныхь зыщӀэхэм яхэкӀыжауэ, уафэхэм я щыгу дэкӀуеижауэ.


ЖытӀэ псом я нэхъыщхьэр мыращ: Уафэхэм щыӀэу, тепщэныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и тахътэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэсу дин пашэшхуэ диӀэщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan