Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 Тхьэм и мурад щэхур цӀыху псоми наӀуэ яхуэсщӀынуи арщ. БлэкӀа лъэхъэнэхэм къыщыщӀэдзауэ, а мурад щэхур Тхьэуэ псори къэзыгъэщӀам цӀыхухэм яригъэщӀауэ щытакъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:9
38 Iomraidhean Croise  

Зи нэплъэгъуэ Абы хуэзыгъазэхэм я нэгум нэхунэр щӀэзщ, напэншэ хъункъым ахэр.


КӀыфӀыгъэм щывжесӀэ псори махуэ нэхум щыфӀуэтэж. Фи тхьэкӀумэхэкӀэ къиӀущащэу зэхэфхар унащхьэхэм фытету цӀыхухэм яхуэфӀуатэ.


Хьисэ цӀыхухэм захуигъазэурэ ущие хъыбархэр щӀахуиӀуэтар бегъымбарым жиӀа мы псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: «Ущие хъыбархэр Ӏуэтэным си жьэр хузэщӀэсхынурэ, дунейр къызэриухуэрэ гъэпщкӀуауэ щыт Ӏуэхугъуэхэм я щэхухэр нахуэ къэсщӀынущ».


– Пащтыхьым и ижьырабгъумкӀэ щытхэм яжриӀэнущ абы щыгъуэ: «Фэ, си Адэм и нэфӀ зыщыхуахэр, фыкъакӀуи, Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ къыфхуигъэхьэзыра тепщэныгъэр фи ӀыхьэфӀу къыфлъосри фубыд.


Аращи, фыкӀуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ. Адэ лъапӀэми, и Къуэми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми я цӀэкӀэ фыумэхъи,


Ерусалим къыщыщӀэдзауэ дунейм тет лъэпкъ псори хиубыдэу, сэ, Мэссихьым, си цӀэкӀэ цӀыхухэр мы хъыбарым щрагъэдэӀуэнущ: Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъунущ.


Адэ лъапӀэмрэ сэрэ дызщ.


– Си Адэм иджыри къэс зэпымычу Ӏуэху елэжь, сэри Ӏуэху солэжь, – яжриӀэрт Хьисэ абыхэм.


– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – Къуэ лъапӀэм езыр-езыру зыри хузэфӀэкӀыркъым. Адэ лъапӀэм илэжьыу илъагъум фӀэкӀа, нэгъуэщӀ зыри илэжьын хузэфӀэкӀыркъым. Адэ лъапӀэм илэжьыр абы и Къуэми елэжь.


Мыпхуэдэу жызыӀар Зиусхьэну мы Ӏуэхухэр куэд щӀауэ цӀыхухэм езыгъэщӀар арщ».


Си къуэшхэ, Ӏущыщэу зыкъыфщымыхъужын щхьэкӀэ, мы щэхур фымыщӀэну сыхуейкъым: Хамэ лъэпкъхэм ящыщу Тхьэм и гъуэгу техьэнухэм я бжыгъэр ирикъуху, израил лъэпкъым щыщ гупыр ерыщ ищӀащ Тхьэм.


Зи хъыбарыр къэтӀуатэр Тхьэм и акъылыфӀагъэу щэхуу щытыр арщ. Тхьэм а акъылыфӀагъэр цӀыхухэм яримыгъэщӀауэ щытащ, ауэ лъэхъэнэ псоми япэу Тхьэм зэриухам тету, а акъылыфӀагъэм и гъуэгукӀэ щӀыхьышхуэ диӀэ хъунущ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм дунейр иухуэн и пэ, Мэссихь ди псэм зэрыхэлъым щхьэкӀэ езым и бынхэм ящыщ дыхъуну дыкъыхихащ, ди гур къабзэу, къуаншагъэ лъэпкъ дбгъэдэмылъу, фӀылъагъуныгъэ ди гум илъу, езым и пащхьэм дыщыпсэун папщӀэ.


Тхьэм и нэфӀ къысщыхуэри, Ӏуэху фхуэсщӀэну си пщэм къызэрыдилъхьам и хъыбарыр зэхэфхауэ щытын хуейщ.


Си жьэр щызэтесхкӀэ, хъыбарыфӀым и щэхур гушхуэныгъэкӀэ къызэрыжысӀэн псалъэхэр си гум кърилъхьэн щхьэкӀэ Тхьэм фысхуелъэӀу.


Зэхэфха хъыбарыфӀым ӀыхьэфӀ фыщигъэгугъащ. А ӀыхьэфӀыр зыми зыхевмыгъэгъэнын щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу фытемыкӀыу пэжу фрикӀуэн хуейщ. Тхьэм хуэлажьэхэм а хъыбарыфӀыр уафэм и щӀагъым щыпсэу цӀыху псоми хуаӀуэтащ. Сэ, Паул, а хъыбарыфӀым сыхуолажьэ.


А хъыбарыфӀыр блэкӀа лъэхъэнэхэмрэ щӀэблэхэмрэ къащыщӀэдзауэ Тхьэм цӀыхухэм яримыгъэщӀауэ щыта щэхущ. Тхьэм а щэхур и цӀыху лъапӀэхэм яхуигъэнэхуащ иджы.


Фэ фылӀащ, фи гъащӀэ пэжри мыкӀуэду, Тхьэр здэщыӀэ уафэм Мэссихь къыщыфхуегъэнэж.


Тхьэм дэри фытхуелъэӀу. Мэссихь теухуа Ӏуэху щэхухэр цӀыхухэм едгъэщӀэн папщӀэ, хъыбарыфӀым щхьэкӀэ бжэр къытхузэӀуихыну Тхьэм фелъэӀу. А хъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрезгъащӀэращ лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀыщӀэсыр.


Ауэ Зиусхьэным фӀыуэ илъагъу фи къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм зэпымычу фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ, япэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ фымыкӀуэду фыкъригъэлын щхьэкӀэ, Тхьэм фыкъыхихащ. Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гур зыгъэкъабзэм и лъэкӀыныгъэкӀи, щыпкъагъэр фи фӀэщ зэрыхъуамкӀи фымыкӀуэду фыкърегъэл.


Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.


Тхьэр арщ дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр икӀи гукъабзагъэкӀэ дыпсэуну дыкъыхуезыджар. Апхуэдэу щӀищӀар езым ар и мурадти, и нэфӀ къызэрытщыхуарщ. Ди фӀыщӀагъэхэм я Ӏуэху абы хэлъкъым. Мэссихь Хьисэ къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ къыщытщыхуар лъэхъэнэ псоми япэкӀэщ,


Хамэ псоми зэхахын щхьэкӀэ, езым и хъыбарыфӀ псори яхуэсӀуэтэну Зиусхьэныр къызбгъэдыхьэри къару къызитащ. Аслъэным и жьэм сыкъыжьэдихыжам хуэдэщ ар.


МыкӀуэдыжын гъащӀэ зэрагъуэтыным щыгугъыурэ пэплъэнущ ахэр. А мыкӀуэдыжын гъащӀэр цӀыхухэм яритыну щыпкъагъэ зиӀэ Тхьэм лъэхъэнэ псоми япэ игъэгугъащ.


Дунейр къигъэщӀын и пэкӀэ Тхьэм Мэссихь къыхихащ, ауэ иджы дунейм и кӀэухым деж фӀыгъуэ къывигъэуэлӀэну Мэссихь къигъэкӀуащ.


Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ, зи цӀэхэр Щынэ фӀагъэжам и тхылъым ит цӀыхуу гъащӀэ зыгъуэтынухэм фӀэкӀа къэмынэу, щӀылъэм тет адрей цӀыху псоми хьэщхьэвылъэр ягъэлъэпӀэнущ.


НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр уафэм щызелъатэу слъэгъуащ абы и ужькӀэ. Дунейм тет цӀыху псоми, лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, бзэ псоми, къэрал псоми яхуиӀуэтэну Тхьэм и хъыбарыфӀу мыкӀуэдыжынур а мелыӀычым къихьырт.


Хьэщхьэвылъэу плъэгъуар щыӀащ, ауэ иджы щыӀэжкъым. Ар щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм къыщӀэкӀынущ, кӀуэдыпӀэм кӀуэн щхьэкӀэ. Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъ щыӀэщ. ЩӀылъэм тет цӀыхуу зи цӀэхэр а тхылъым имытхэм а хьэщхьэвылъэр щалъагъукӀэ, ягъэщӀэгъуэнущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хьэщхьэвылъэр щыӀащ, иджы щыӀэжкъым, ауэ къэлъэгъуэжынущ.


«Уэ, ди Зиусхьэн, щӀыхьышхуэри, лъытэныгъэшхуэри, лъэкӀыныгъэшхуэри зыхуэфащэр уэращ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ псори къэзыгъэщӀар уэращ, уэ уфӀэигъуэти, ахэр къэхъури, гъащӀэ яӀэ хъуащ».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan