Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Тхьэм и мурад щэхур къысхуигъэнахуэри сигъэщӀащ, кӀэщӀу нызэрыфхуэстхам хуэдэу.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:3
23 Iomraidhean Croise  

– Ерусалим къэзгъэзэжри, Тхьэм и унэшхуэм сыщӀыхьащ. Тхьэм селъэӀуу абы сыздыщӀэсым, зыгуэр къысхуэхутащ.


– «КӀуэ», къызжиӀащ Зиусхьэным. «Хамэ лъэпкъхэм я деж жыжьэ узгъэкӀуэнущ».


Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэр макъышхуэкӀэ къызэрыгъэкӀиящ, фарисейхэм ящыщу торэт егъэджакӀуэ пашэ гуп къэтэджри, адрейхэм еныкъуэкъуурэ, жаӀащ: – Мы лӀым мыхъун гуэр дэтлъагъуркъым. Псэ гуэр е мелыӀыч гуэр къепсэлъауэ къыщӀэкӀынщ. Тхьэм дыпэвмыгъэув.


Си къуэшхэ, Ӏущыщэу зыкъыфщымыхъужын щхьэкӀэ, мы щэхур фымыщӀэну сыхуейкъым: Хамэ лъэпкъхэм ящыщу Тхьэм и гъуэгу техьэнухэм я бжыгъэр ирикъуху, израил лъэпкъым щыщ гупыр ерыщ ищӀащ Тхьэм.


Сызыщытхъужыным фӀагъ къыхэкӀыркъым. Зиусхьэным сигъэлъэгъуа икӀи къысхуигъэнэхуа Ӏуэху гъэщӀэгъуэныщэхэм сатепсэлъыхьынущ.


Зы цӀыху гуэрым а хъыбарыфӀыр къеӀысхакъым, зыми ар сигъэщӀакъым, езы Хьисэ Мэссихь къысхуигъэнэхуащ а хъыбарыфӀыр.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Тхьэуэ щӀыхьышхуэ зиӀэ Адэ лъапӀэм сызэрелъэӀур, фэ ар нэхъыфӀу фщӀэн щхьэкӀэ, езым и Псэ ЛъапӀэр фигу кърилъхьэныр арщ. Езым и Псэ ЛъапӀэр арщ акъылыфӀагъэ диӀэ зыщӀри Тхьэр зыхуэдэр къытхуэзыгъэнахуэри.


Мы тхылъым фыщеджэкӀэ, Мэссихь теухуа щэхур зэрэзэхэсщӀыкӀым гу лъыфтэнущ.


А щэхур мыращ: Мэссихь Хьисэ хамэ лъэпкъхэм я псэм щыщ хъууэ хъыбарыфӀыр зэращтам щхьэкӀэ, Тхьэм израил лъэпкъым къалъигъэс ӀыхьэфӀыр абыхэми къалъегъэс; а лъэпкъхэри израилхэм ящӀыгъуу зы пкъым щыщщ, Тхьэм израил лъэпкъыр къызэригъэгугъа ӀуэхуфӀхэм абыхэми я Ӏыхьэ хэлъщ.


Тхьэм и мурад щэхур цӀыху псоми наӀуэ яхуэсщӀынуи арщ. БлэкӀа лъэхъэнэхэм къыщыщӀэдзауэ, а мурад щэхур Тхьэуэ псори къэзыгъэщӀам цӀыхухэм яригъэщӀауэ щытакъым.


Си жьэр щызэтесхкӀэ, хъыбарыфӀым и щэхур гушхуэныгъэкӀэ къызэрыжысӀэн псалъэхэр си гум кърилъхьэн щхьэкӀэ Тхьэм фысхуелъэӀу.


Хуабжьу сыщӀэлажьэр а цӀыхухэр згъэгушхуэн, фӀылъагъуныгъэкӀэ зэнэзэпсэ сщӀын щхьэкӀэщ. Апхуэдэу Тхьэм и щэхуу Мэссихьыр къащӀэн щхьэкӀэ, уасэшхуэ зиӀэ зэхэщӀыкӀ нэсауэ яӀэ хъунущ.


Тхьэм дэри фытхуелъэӀу. Мэссихь теухуа Ӏуэху щэхухэр цӀыхухэм едгъэщӀэн папщӀэ, хъыбарыфӀым щхьэкӀэ бжэр къытхузэӀуихыну Тхьэм фелъэӀу. А хъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрезгъащӀэращ лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀыщӀэсыр.


Си къуэшхэ, къызэрывгурызгъаӀуэ псалъэхэр фщтэнкӀэ сыныволъэӀу. Куэдыщэ ныфхуэстхакъым.


Къуэш пэжу слъытэ Силуан къыздэӀэпыкъуурэ мы мащӀэр ныфхузотх. НыщӀэстхыр фи фӀэщ сщӀыну, къывгурызгъэӀуэну икӀи Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуауэ сэ нэстхар зэрыпэжым щыхьэт сытехъуэну аращ. Гъуэгу щыпкъэм фытемыкӀ, Тхьэм и нэфӀым зыхэвмыгъэн.


ФымыкӀуэду фыкъригъэлыну Ӏэмал къывитын щхьэкӀэщ Зиусхьэным шыӀэныгъэ щӀиӀэр, ар зыгурывгъаӀуэ, дэ фӀыуэ тлъагъу ди къуэш Паул Тхьэм кърита акъылкӀэ къызэрыфхуитхам хуэдэу.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan