2 Тхьэм и нэфӀ къысщыхуэри, Ӏуэху фхуэсщӀэну си пщэм къызэрыдилъхьам и хъыбарыр зэхэфхауэ щытын хуейщ.
Тхьэм елъэӀуурэ, жэщи махуи нэщӀ ису щыщӀадзэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абыхэм къажриӀащ: – Варнавэрэ Щаулрэ сэ зыхуезджа Ӏуэхум щхьэкӀэ къысхуэвгъанэ.
Апхуэдэу щыхъум, Паулрэ Варнавэрэ тегушхуауэ жаӀащ: – Тхьэм и псалъэхэр фэ нывжетӀэн хуеящ япэщӀыкӀэ. Ауэ фэ Тхьэм и псалъэхэм пэӀэщӀэ зывощӀэри, мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ хъуну зыхуэвгъэфащэркъым. Мис, абы къыхэкӀкӀэ, хамэ лъэпкъ щыщхэм захудогъазэ;
– «КӀуэ», къызжиӀащ Зиусхьэным. «Хамэ лъэпкъхэм я деж жыжьэ узгъэкӀуэнущ».
Зиусхьэным Ананий къыжриӀащ: – КӀуэ! Хамэ лъэпкъхэми, пащтыхьхэми, израил цӀыхухэми си цӀэм и хъыбар ялъигъэӀэсыну а лӀыр сэ хэсхащ.
Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ къысщихуэри, Мэссихь и цӀэкӀэ лъэпкъ псоми фӀэщхъуныгъэ яӀэ згъэхъуу, езым езгъэдэӀуэн щхьэкӀэ, апостолу сигъэуващ.
Иджы фэ, хамэ лъэпкъхэм, вжызоӀэ: Фэ, хамэ лъэпкъхэм, фи апостол сызэрыхъуам щхьэкӀэ си Ӏуэхур согъэлъапӀэ.
Тхьэм и нэфӀыр сэ къызэрысщыхуам щхьэкӀэ, фэ фщыщ дэтхэнэми жызоӀэ: зыкъыфӀэмыщӀыж икӀи зумыгъэин, ауэ Тхьэм уэ къыпхуигъэфэща фӀэщхъуныгъэм и щапхъэм тету зэхэщӀыкӀ уиӀэу зэплъыж.
Аращи, Мэссихь хуэлажьэу, Тхьэм и щэхухэр зи пщэм къыдилъхьа цӀыхуу далъытэн хуейщ.
Журт диным сыхэту згъэкӀуа гъащӀэр зыхуэдэм и хъыбарыр зэхэфхащ. Тхьэм и члисэ зэхуэсхэм щыщхэм гугъуехьышхуэ езгъэшэчу, згъэкӀуэдыну и ужь ситащ.
Тхьэм и мураду игъуэ къыщыскӀэ игъэзэщӀэнур уафэми щӀылъэми щыӀэ псори зы ищӀурэ Мэссихь и тепщэныгъэм щӀигъэувэну аращ.
Тхьэм къысхилъхьа лъэкӀыныгъэм тету, мы Ӏуэхур згъэзэщӀэну абы и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ саугъэту къызэрызитри, мы хъыбарыфӀым сыхуэлэжьэну сигъэуващ.
Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм нэхърэ сынэхъ цӀыкӀуми, Тхьэм и нэфӀ къысщыхури, мы Ӏуэхур си пщэм къыдилъхьащ: Мэссихь хэлъ къулеигъэшхуэу зыми имыгъэунэхуфынум и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм езгъэщӀэнуи,
Тхьэм и мурад щэхур цӀыху псоми наӀуэ яхуэсщӀынуи арщ. БлэкӀа лъэхъэнэхэм къыщыщӀэдзауэ, а мурад щэхур Тхьэуэ псори къэзыгъэщӀам цӀыхухэм яригъэщӀауэ щытакъым.
Мэссихь и хъыбарыр фэ зэхэфхащ, езыри фи псэм щыщу, абы хэлъ щыпкъагъэр зэхэфщӀыкӀащ.
Дэ тщыщ дэтхэнэми Мэссихь и нэфӀ къыщыхуащ, хэти тыгъэ къритыну зэрыхуигъэфэщам теухуауэ.
Мэссихь ХьисэкӀэ фиӀэ фӀэщхъуныгъэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмкӀэ фиӀэ фӀылъагъуныгъэмрэ я хъыбарыр зэхэтхащи.
Дуней псоми хъыбарыфӀым фӀыгъуэ къыхудокӀуэ, цӀыху нахъыбэм я дежи нэс зэпытщ. Апхуэдэу фи дежи щыхъуащ, хъыбарыфӀыр зэхэфхыу, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр пэжу къыщывгурыӀуа махуэм къыщыщӀэдзауэ.
Аращ Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм ялъэзгъэӀэсыну икӀи апостол сыхъуну Тхьэм сыщӀигъэувар: фӀэщхъуныгъэмрэ щыпкъагъэмрэ я хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ялъэзгъэӀэсыну арщ – пэжыр къыжызоӀэ, пцӀы лъэпкъ хэмылъу.
А хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэну, абы и апостол сыхъуну, хамэ лъэпкъхэм ар езгъэщӀэну Тхьэм сыкъигъэуващ.