Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 Мэссихь ди псэм щыщу, езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ, дыгушхуэурэ икӀи езым дыщыгугъыурэ, Тхьэм и гъунэгъу дыхъун тлъэкӀынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:12
12 Iomraidhean Croise  

Гъуэгури, щыпкъагъэри, гъащӀэри сэращ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си гъуэгу иримыкӀуэмэ, Адэ лъапӀэм деж зы цӀыхуи кӀуэн лъэкӀынукъым.


Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэу яӀэм и гъуэгуращ Тхьэм цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур. МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми щыпкъагъэ яӀэу елъытэ Тхьэм. ЦӀыхур зэхэгъэж ищӀынукъым абы,


Мэссихьщ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэну гъуэгу къытхузэӀузыхар. Тхьэм и нэфӀыр къытлъигъэс зэпытщ, езым и щӀыхьышхуэмкӀи къытлъысыну Ӏыхьэм дыщыгугъыурэ дызэрыпэплъэм щхьэкӀэ догуфӀэ.


Мэссихь Тхьэм дызэрыщигъэгугъым щхьэкӀэ апхуэдэу жыдоӀэ.


Мэссихь илэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ, а зы Псэ ЛъапӀэр ди псэм хэлъурэ, тӀури Адэ лъапӀэм и гъунэгъу дыхъун тлъэкӀынущ дэ.


Аращи, гушхуэныгъэу фиӀэр зыхэвмыныж, гушхуэныгъэ зиӀэхэм я ӀыхьэфӀыр инынущи.


Мэссихь Тхьэм и унагъуэр зи ӀэмыщӀэ илъ Къуэщ. Дигу дымыгъэныкъуэу, дызэрыгуфӀэу икӀи дызыщыгугъыу дызыпэплъэ Ӏуэхум и кӀэм нэсыху дыхуэпэжмэ, дэри абы и унагъуэм дыщыщщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Тхьэм дыбгъэдишэн щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэм папщӀэ гугъуехь зэ ишэчащ, абыхэм папщӀэ афӀэкӀа имышэчыжыну. Щыпкъагъэ игу илъу, щыпкъагъэ зигу имылъхэм щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ абы. ЦӀыхухэм щалӀым, лӀэн хуей цӀыхут ар. Тхьэм ар лӀахэм къащыхигъэтэджыкӀыжым, мылӀэжын щыт псэуэ щытт.


Аращи, фэ, си бынхэм хуэдэхэ, Мэссихь мы дунейм къыщыкӀуэжыну махуэр къэсу, езыр къыщылъагъуэкӀэ, абы и пащхьэм гушхуэныгъэ щыдиӀэурэ, дыщымыукӀытэжын щхьэкӀэ, ар фи псэм сыт щыгъуи хэвгъэлъ.


Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, дигухэм дамыгъэкъуаншэмэ, гушхуэныгъэкӀэ Тхьэм и гъунэгъу дохъу.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan