Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар члисэ зэхуэсым и хьэтыркӀэ и акъылыфӀагъэ зэмылӀэужьыгъуэм и хъыбарыр уафэм щыӀэ Ӏэтащхьэхэми, тепщэныгъэ зиӀэхэми иджырей зэманым яригъэщӀэн щхьэкӀэщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:10
23 Iomraidhean Croise  

Уэ кӀыфӀыр уодзри, жэщ мэхъу. А зэмыным къожьэ хьэкӀэкхъуэкӀэхэр.


Тхьэм Езым и цӀыху лъэпкъыр лъэщ дыдэу игъэбэгъуащ, и бийхэм нэхърэ нэхъ гуащӀэшхуэ яхэлъ ищӀащ.


Сыту ин Тхьэм и фӀыгъуэшхуэр, и акъылъыфӀагъэшхуэр, и щӀэныгъэшхуэр! И гухэлъышхуэхэр зэхихун зыми лъэкӀынукъым. И Ӏуэхухэми я ужь ихьэн зыми лъэкӀынукъым.


Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэм зыми дыбгъэдишын зэрылъэмыкӀынум шэч къытесхьэркъым; ажалми, гъащӀэми, мелыӀычхэми, жин пашэхэми, лъэкӀыныгъэ зиӀэ жинхэми, иджы щыӀэ Ӏуэхугъуэхэми, къэкӀуэну зэманым щыӀэну Ӏуэхугъуэхэми,


Ауэ дэркӀэ, Тхьэм и бынхэм ящыщ хъуну къыхуриджахэмкӀэ, журтми алыджми, Мэссихьщ Тхьэм и къарури и акъылыфӀагъэри.


Зи хъыбарыр къэтӀуатэр Тхьэм и акъылыфӀагъэу щэхуу щытыр арщ. Тхьэм а акъылыфӀагъэр цӀыхухэм яримыгъэщӀауэ щытащ, ауэ лъэхъэнэ псоми япэу Тхьэм зэриухам тету, а акъылыфӀагъэм и гъуэгукӀэ щӀыхьышхуэ диӀэ хъунущ.


Ӏэтащхьэхэми, тепщэныгъэ зиӀэ псоми, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ псоми, пашэ псоми, мы дунейм и мызакъуэу, къэкӀуэну дунейми зи цӀэ къыщыраӀуэ псоми Тхьэм Мэссихь япщ ищӀащ.


Члисэ зэхуэсыр Мэссихь и пкъым хуэдэщ. ДэнэкӀи щыӀэ псори нэгъэса зыщӀ Мэссихь члисэ зэхуэсым нэгъэсауэ хэлъщ.


Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэрщ щӀыхьышхуэр зейр. Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, уафэм къикӀыу, гурэ псэкӀэ Тхьэм и нэфӀ лъэныкъуэ псомкӀэ къытщыхуащ.


АкъылыфӀагъэ псоми гурыӀуэныгъэ псоми щӀыгъуу, Тхьэм а нэфӀ щыхуэныгъэшхуэр къытлъигъэсащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дызэбэныр лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыхухэр аркъым, атӀэ жин бзаджэ Ӏэтащхьэхэрщ, тепщэныгъэ зиӀэхэрщ, мы дуней кӀыфым и пашэшхуэ жин бзаджэхэрщ, уафэми щыӀэ жин бзаджэхэрщ.


Тхьэм Мэссихь псори къригъэгъэщӀащ – уафэми щӀылъэми щыӀэ псори, цӀыхухэм ялъагъу Ӏуэхухэри ямылъагъу Ӏуэхухэри, пащтыхь тахътэхэм исхэри, пашэхэри, Ӏэтащхьэхэри, тепщэныгъэ зиӀэхэри. Тхьэм езым и Къуэм псори къригъэгъэщӀащ, абы и Къуэм и щӀыхьышхуэм щхьэкӀэ щыӀэщ ахэр.


Мэссихь фи псэм зэрыщыщымкӀэ абы и гъащӀэ нэгъэсауэ фхэлъщ. Ар Ӏэтащхьэ псоми тепщэныгъэ зиӀэ псоми я щхьэщ.


Мэссихь жорым щыкӀэрылӀыхьам, жин бзаджэ Ӏэтащхьэхэмрэ тепщэныгъэ зиӀэ жин бзаджэхэмрэ я лъэкӀыныгъэхэр яӀихыжащ. Абыхэм зэратекӀуар ӀупщӀу къигъэлъагъуэурэ, я напэхэр трихащ.


Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.


Бегъымбархэр зытепсэлъыхьу щыта Ӏуэхухэр езыхэм я зэманым къэмыхъуу, фэ фи зэманым къызэрыхъунур Тхьэм къагуригъэӀуэгъащ. Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу уафэм къахуригъэхам и лъэкӀыныгъэкӀэ хъыбарыфӀыр къыфхуэзыӀуатэхэм мы Ӏуэхухэм я хъыбарыр иджы фи деж къагъэсащ. А Ӏуэхухэм яхэплъэну мелыӀычхэри хуейщ.


Хьисэ Мэссихь уафэм дэкӀуеяуэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьауэ щысщ иджы, мелыӀычхэри, тепщэныгъэрэ лъэкӀыныгъэрэ зиӀэхэри къыхуэӀурыщӀэу.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan