ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр1 Абы щхьэкӀэ сэ, Паул, Мэссихь Хьисэ сыхуэлажьэурэ, фэ хамэ лъэпкъхэм хъыбарыфӀыр зэрывэзгъащӀэм щхьэкӀэ лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсщ. Faic an caibideil |
Си къуэшхэ, цӀыхухэр сунэт ящӀауэ щытын хуейуэ иджы яжесӀамэ (сэ жысӀауэ жаӀэу, цӀыхухэм пцӀы къызэрыстралъхьэм хуэдэу), сыт цӀыхухэм гугъу иджыри сыщӀрагъэхьыр? ЦӀыхухэр сунэт ящӀауэ щытын хуейуэ яжесӀатэмэ, абы щыгъуэ Хьисэ жорым зэрыкӀэрылӀыхьам и хъыбарым цӀыхухэм я гу иримыхьын гуэри къыхэнэнтэкъым.