ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр8 Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ фыкъригъэлащ фымыкӀуэду, фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ. Ар къызпкърыкӀар фэракъым, ар Тхьэм и тыгъэщ. Faic an caibideil |
Аращи, Тхьэм къигъэгугъахэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэращ. Апхуэдэу щӀэхъуар Тхьэм дыкъызэригъэгугъахэр абы и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ къызэрыдитыр нахуэ хъун, фӀэщхъуныгъэ зиӀэу Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыху псоми Тхьэм къызэригъэгугъахэр ягъуэтын щхьэкӀэщ. Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхуу жыхуэсӀэхэр Торэт хабзэм тетхэм я мызакъуэу, Торэт хабзэм темыту Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэу иӀам хуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэри арщ. Пэжщ, Ибрэхьим дэ псоми ди адэ хуэдэу щытщ,