6 Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ абы дригъусэу Тхьэм дыкъигъэтэджыжащ, абы дригъусэуи уафэм хэщӀапӀэ къыщыдитащ.
Сэ нывжызоӀэ фэ, иджы къыщыщӀэдзауэ си Адэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыкӀуэнум нэсыху, санэ сефэжынукъым. А махуэм абы аргуэру сывдефэнущ.
Тепщэм къигъэзэжа нэужь, мыжейуэ икӀи сакъыу къызрихьэлӀэж унэӀутхэр гъуэгу махуэ теуващ. Пэжыр нывжызоӀэ, абы и цеикӀэр диупщӀэнущ, Ӏэнэм пэригъэтӀысхьэнущ икӀи езыр къэкӀуэнурэ къащхьэщытынущ.
Сэ къысхуэлажьэр си ужь кърыреувэ. Къысхуэлажьэр сэ сыздэщыӀэми щыӀэнущ. Къысхуэлажьэм Адэ лъапӀэм щӀыхь хуищӀынущ.
СыкӀуэу, псэупӀэ къыщыфхуэзгъэхьэзыркӀэ, сыкъэкӀуэжынурэ, сэ сыздэщыӀэм фэри фыщыӀэну фыздэсшэнущ.
Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Мэссихь Хьисэ и апостол сыхъуащ. Фэ, Ефес къалэм дэсу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщу, абы хуэпэжхэм, мы тхылъыр ныфхузотх.
Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэрщ щӀыхьышхуэр зейр. Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, уафэм къикӀыу, гурэ псэкӀэ Тхьэм и нэфӀ лъэныкъуэ псомкӀэ къытщыхуащ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы дызэрыщытым хуэдэу дызыщӀар Тхьэращ. Мэссихь ди псэм щыщыну Тхьэм дыкъигъэщӀащ, Тхьэм къытхуигъэхьэзыра ӀуэхуфӀхэр длэжьын щхьэкӀэ.
Ауэ иджы, Мэссихь фи псэм щыщ зэрыхъуам щхьэкӀэ, фэ, зэгуэрым Тхьэм пэжыжьэу щыта цӀыхухэр, Мэссихь и лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ Тхьэм гъунэгъу фыхуэхъуащ.
Аращ пкъыуэ члисэ зэхуэсым и щхьэр. Аращ члисэ зэхуэсыр зэфӀэзыгъэувари, лӀахэм япэ къахэтэджыкӀыжари. Апхуэдэу, сыт и лъэныкъуэкӀи япэр аращ.