5 Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм езым и бынхэм хуэдэу дищтэну куэд щӀауэ иухащ, игъуэу зэрилъытамрэ и мурадымрэ тету.
Ауэ ар къишэн ипэ, Мэрием и япэ къуэр къилъхуащ. Исуф абы цӀэуэ фӀищар Хьисэщ.
Си Адэ, апхуэдэущ уэ узэрыхуеяр.
Асыхьэт дыдэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ину къигъэгуфӀэри, Хьисэ жиӀащ: – Си Адэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ я Зиусхьэн, мы Ӏуэхухэр цӀыху губзыгъэхэмрэ цӀыху Ӏущхэмрэ ящыбгъэпщкӀуурэ, сабийхэм зэребгъэщӀамкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ. Си Адэ, апхуэдэущ уэ узэрыхуеяр.
Ниневие къалэм дэса цӀыхухэр, къемэтмахуэм къэтэджыжынурэ, иджырей цӀыхухэм къедэуэнущ икӀи ахэр къагъэкъуэншэнущ, Инус ахэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэ щыхъум, ахэр ящӀа гуныхьхэм хущӀегъуэжащи, ауэ сэ нывжызоӀэ, Инус нэхърэ нэхъ лъапӀэ гуэр къыфхэтщ.
– Фымышынэ фэ гуп мащӀэр, фи Адэ лъапӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ тепщэныгъэр къывитыну хуейщи.
Ауэ ар зыда цӀыху псоми, езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, Тхьэм и бын хъуну хуитыныгъэ къаритащ.
Хьисэ и псэр итыну щӀыщытар журт лъэпкъым щхьэкӀэ къудейтэкъым, атӀэ Тхьэм и быну хэгуэшахэр зы хъужыну икӀи зэхуишэсыжыну арат.
– УкъызэмыӀусэ, – жиӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Адэ лъапӀэм деж иджыри сыдэкӀуеижакъым, си къуэшхэм я деж кӀуэи, яжеӀэ: «Сэ си Адэу, фэри фи Адэу, сэ си Тхьэу, фэри фи Тхьэм деж сыдэкӀуеижынущ».
Хамэ лъэпкъ щыщхэм ар щызэхахым, гуфӀэри, Зиусхьэным и псалъэхэм щӀыхь хуащӀащ. ИкӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ зритыну Тхьэм игъэува цӀыху псоми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.
Ауэ гугъуехь зышэчыр Тхьэм къигъэщӀахэм я закъуэкъым. Тхьэм и тыгъэхэм ящыщу япэрейуэ езым и Псэ ЛъапӀэр дэ, ар зи гум кърилъхьа цӀыхухэри, дигукӀэ дощэӀу, Тхьэм и быну дидэу, дипкъхэр щхьэхуит щищӀыжыну махуэм ди фӀэщу дыпэплъэу.
Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Мэссихь Хьисэ и апостол сыхъуну сыкъыхуриджащ. Ди къуэш Сосфенес си гъусэу мы тхылъыр ныфхузотх.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и акъылыфӀагъэкӀэ зэриухам тету, мы дунейм и цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэмкӀэ Тхьэр зыхуэдэр ящӀакъым, ауэ дэ цӀыхухэм яхуэтӀуатэ хъыбарыфӀу абыхэм делагъэу къафӀэщӀымкӀэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр мыкӀуэду къригъэлыну Тхьэм игъуэу илъытащ.
Сэ фэ Адэ сыфхуэхъунущ, фэри къуэрэ пхъурэ фыкъысхуэхъунущ, жеӀэ лъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Зиусхьэным».
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм папщӀэ, фэ псори Тхьэм фрибынщ.
Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ Тхьэм дэри ӀыхьэфӀыр къытлъигъэсащ. Тхьэм иуха мурадым тету а ӀыхьэфӀыр къытлъысыну куэд щӀауэ игъэуващ. Езыращ и мурадымрэ зыхуеймрэ тету Ӏуэху псори зыгъэзащӀэр.
Тхьэм и мурад щэхуу Мэссихь иригъэгъэзэщӀэну иухар игъуэу зэрилъытам тету дэ къыдгуригъэӀуащ.
езым игъуэу илъытэ Ӏуэхухэм фахуеинуи влэжьынэуи лъэкӀыныгъэ къывэзытыр Тхьэращи.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм игъуэу илъытати, и щытыкӀэ псори и Къуэм хэлъ хъуащ.
Аращ фэр щхьэкӀэ Тхьэм зэпымыууэ дыщӀелъэӀур. Тхьэм фыкъызэрыхуриджам тету, и быну фыщытыну къыфхуигъэфэщэну долъэӀу. Фи гухэлъыфӀ псори, фи фӀэщхъуныгъэм къыхэкӀ ӀуэхуфӀ псори и лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ и кӀэм зэрынигъэсыным Тхьэм долъэӀу.
Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмкӀи, Ӏуэху телъыджэхэмкӀи, лъэкӀыныгъэ зыхэлъ зэмылӀэужьыгъуэ ӀуэхушхуэхэмкӀи а хъыбарыфӀым щыхьэт техъуащ Тхьэр. Абы нэмыщӀ, Тхьэр зэрыхуеям тету, езым и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу Ӏуэху зэмылӀэужьыгъуэхэр ялэжьыну цӀыхухэм лъэкӀыныгъэхэр къаритащ.
Адэ лъапӀэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэшхуэм фегупсыс. «Фэ фызибынщ», жеӀэ. Абы и бынхэуи дыщытщ. Мы дунейм и цӀыхухэм дэ дыщӀамыщӀэр Адэ лъапӀэр ящӀэркъыми, аращ.
ТекӀуэныгъэр къэзыхьым мы псори ӀыхьэфӀ хуэхъунущ. Сэ абы сри-Тхьэнущ, езыри си къуэнущ.