Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэрщ щӀыхьышхуэр зейр. Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, уафэм къикӀыу, гурэ псэкӀэ Тхьэм и нэфӀ лъэныкъуэ псомкӀэ къытщыхуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:3
39 Iomraidhean Croise  

Тхьэуэ я нэхъ Лъагэу уи бийхэр уи ӀэмыщӀэ изылъхьам щӀыхьышхуэр ейщ. Ибрам иритащ а Малхицэдэкъ псом щыщуи Ӏыхьэ пщӀанэр.


Уэ къыптехъукӀыну бынхэм я хьэтыркӀэ дунейм и лъэпкъ псоми си нэфӀ ящыхуэнущ, си псалъэм укъызэредэӀуам папщӀэ.


Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ, Зиусхьэныр – фӀыщ; уэрэд хужыфӀэ и цӀэм; сыту жыпӀэмэ ар тхъэгъуэ дыдэщ.


Ауэ Тхьэм и унэшхуэм сыщыщӀыхьэм, къызгурыӀуащ кӀэухыу яӀэнур.


Сыту атӀэ уащӀэдэмыщӀэу унэхъуа ахэр – щыӀэжкъым, шынагъуэшхуэм екӀуэдылӀащ!


Симеон, сабийр ӀэплӀэкӀэ къищтэри, мы псалъэхэр жиӀэурэ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ:


Адэр си псэм зэрыщыщри, фэри си псэм фызэрыщыщри, сэри фи псэм сызэрыщыщри а махуэм къэфщӀэнущ.


А псори зы ирехъу. Уэ, си Адэ, уи псэм сыщыщу, уэри си псэм узэрыщыщым хуэдэу, дэ абыхэми я псэм дыщыщ пщӀыну сынолъэӀу. Уэ сыкъызэрыбгъэкӀуар дунейм и цӀыхухэм я фӀэщ хъунущ итӀанэ.


– УкъызэмыӀусэ, – жиӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Адэ лъапӀэм деж иджыри сыдэкӀуеижакъым, си къуэшхэм я деж кӀуэи, яжеӀэ: «Сэ си Адэу, фэри фи Адэу, сэ си Тхьэу, фэри фи Тхьэм деж сыдэкӀуеижынущ».


Апхуэдэу, дэри куэд дыхъуми, Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, зыпкъ закъуэ дохъу, дэтхэнэ зыри адрейхэм ящыщщ.


Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэм зыгурэ зы псэкӀэ фи жьэм къыжьэдэкӀыурэ щӀыхьышхуэ хуэфщӀынущ.


Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщ зыщӀар Тхьэращ. Мэссихь Хьисэ дэркӀэ Тхьэм деж къикӀа акъылыфӀагъэ хъуащ. Аращ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дезыгъэлъытэри, дигухэр зыгъэкъэбзэжри, ди щхьэхэр къэзыщэхужари.


Пкъым и пкъыгъуэхэр куэд хъуми, пкъыр зыщ. А пкъыгъуэхэр куэд хъуми, псори а зы пкъым щыщщ. Мэссихь и Ӏуэхури апхуэдэщ.


Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэр ейщ. ГущӀэгъуныгъэшхуэ зиӀэ Адэ лъапӀэу, гу зыгъэзагъэ псори къызыбгъэдэкӀ Тхьэр арщ.


Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэу мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зейм пцӀы зэрызмыупсыр ещӀэ.


Аращи, Мэссихь цӀыху гуэрым и псэм щыщ хъумэ, а цӀыхур Тхьэм щӀэрыщӀэу къигъэхъужащ. А цӀыхум и дуней тетыкӀэу щытар блэкӀащ, дуней тетыкӀэщӀэм щӀидзащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гуэныхь лъэпкъ зымылэжьа Мэссихь Тхьэм гуэныхьым и къурмэныпхъэ ищӀащ, Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ.


Аращи, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ Ибрэхьим Тхьэм и нэфӀ къызэрыщыхуам хуэдэу, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми абы и нэфӀ къащыхуэнущ.


Тхьэм и мураду игъуэ къыщыскӀэ игъэзэщӀэнур уафэми щӀылъэми щыӀэ псори зы ищӀурэ Мэссихь и тепщэныгъэм щӀигъэувэну аращ.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Тхьэуэ щӀыхьышхуэ зиӀэ Адэ лъапӀэм сызэрелъэӀур, фэ ар нэхъыфӀу фщӀэн щхьэкӀэ, езым и Псэ ЛъапӀэр фигу кърилъхьэныр арщ. Езым и Псэ ЛъапӀэр арщ акъылыфӀагъэ диӀэ зыщӀри Тхьэр зыхуэдэр къытхуэзыгъэнахуэри.


А лъэкӀыныгъэшхуэр зыхуэдэр Тхьэм Мэссихь лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжу, уафэм дришеижауэ ижьырабгъумкӀэ зэрызыбгъэдигъэтӀысхьа лъэкӀыныгъэшхуэр арщ.


Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ абы дригъусэу Тхьэм дыкъигъэтэджыжащ, абы дригъусэуи уафэм хэщӀапӀэ къыщыдитащ.


Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар члисэ зэхуэсым и хьэтыркӀэ и акъылыфӀагъэ зэмылӀэужьыгъуэм и хъыбарыр уафэм щыӀэ Ӏэтащхьэхэми, тепщэныгъэ зиӀэхэми иджырей зэманым яригъэщӀэн щхьэкӀэщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дызэбэныр лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыхухэр аркъым, атӀэ жин бзаджэ Ӏэтащхьэхэрщ, тепщэныгъэ зиӀэхэрщ, мы дуней кӀыфым и пашэшхуэ жин бзаджэхэрщ, уафэми щыӀэ жин бзаджэхэрщ.


бзэ псоми Хьисэ Мэссихь зэры-Зиусхьэныр псоми я пащхьэм къыщыжаӀэн щхьэкӀэщ. Апхуэдэуи Тхьэуэ Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэ хуащӀынущ.


Дин пашэу абыхэм Ӏуэху зыщащӀэр Тхьэм и унэшхуэу уафэм щыӀэм и сурэтым ещхь е и ныбжь къудейщ. Мусэ шэтырыр игъэувын щыщӀидзэм, Тхьэм абы унафэ къыхуищӀащ: «Бгым утету, псори зэрыозгъэлъэгъуам хуэдэу, зэрыпщӀыным хэт».


Апхуэдэу сызытепсэлъыхь Ӏуэхуу, уафэм щыӀэ Ӏуэху пэжхэм я сурэту щытхэр, мы къурмэнхэмкӀэ ягъэкъэбзэжын хуеящ. Ауэ уафэм щыӀэ Ӏуэхухэм а къурмэнхэм нэхърэ нэхъ къурмэныфӀхэр яхуэфащэщ.


Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэр ейщ! Хьисэ лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжамкӀэ, Тхьэм гущӀэгъушхуэ къытхуищӀу щӀэрыщӀэу дыкъалъхужа дищӀащ. Апхуэдэу мыкӀуэдыжын гугъапӀэ диӀэ хъуащ,


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan