Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:23 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

23 Члисэ зэхуэсыр Мэссихь и пкъым хуэдэщ. ДэнэкӀи щыӀэ псори нэгъэса зыщӀ Мэссихь члисэ зэхуэсым нэгъэсауэ хэлъщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:23
19 Iomraidhean Croise  

Езым и фӀыгъуэшхуэм щыщу зы нэфӀ щыхуэныгъэр адрей нэфӀ щыхуэныгъэм къыкӀэлъыкӀуэу къытлъигъэсащ.


Ахэр щӀигъэувар и цӀыху лъапӀэхэм езым хуэлэжьэну лъэкӀыныгъэ яритын, Мэссихь и пкъым щыщхэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ яригъэгъуэтын папщӀэщ.


А фӀылъагъуныгъэу щӀэныгъэ псоми къамыубыдыфынур фщӀэн ирехъу, Тхьэм и хьэл-щэн псори фхэлъын щхьэкӀэ.


А лъахъшапӀэ дыдэм къехар езы дыдэращ уафэ псоми нэхърэ нэхъ лъагэу дэкӀуеижар, къэхъугъэ псори щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу нэгъэса ищӀын щхьэкӀэ.)


Тхьэм псори езым и Къуэ Мэссихь и тепщэныгъэм щӀигъэува нэужь, и Къуэри Тхьэуэ псори зи щӀагъ щӀэзыгъэувам и тепщэныгъэм щӀэувэнущ. Апхуэдэу, Тхьэр цӀыху псом я дежкӀи сыти мэхъу.


Иджы, сэ си фӀагъ фэ фэзгъэкӀын щхьэкӀэ, гугъуехь сыхэтми, согуфӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь и пкъ, члисэ зэхуэсым, си фӀагъ езгъэкӀын папщӀэ, сэ сшэчын хуейуэ Мэссихь схухиха гузэвэгъуэхэр иджы сипкъкӀэ сшэчурэ и кӀэм нызогъэс.


Мэссихь къывит гузэгъэгъуэм фи гум тепщэныгъэ щрыреӀэ. Зы пкъым фыхуэдэу а гузэгъэгъуэр фиӀэну Тхьэм фыкъыхуриджащ. Абы фӀыщӀэ хуэфщӀ.


Аращи, яку зэхэгъэж дэмылъу, алыджри, журтри, сунэт ящӀари, сунэт ямыщӀари, хамэри, Скиф хэкум щыщри, пщылӀри, щхьэхуитри зэхуэдэщ. Мэссихь псоми я щхьэщ, ар фэ псоми фи псэм щыщщ.


Зэбииныри жорым щигъэкӀуэду, а тӀур зыпкъ хъуауэ, жорым зэрыкӀэрылӀыхьам щхьэкӀэ, ахэр Тхьэм иригъэкӀужын папщӀэщ Мэссихь апхуэдэу щӀищӀар.


Тхьэм цӀыхухэм Ӏуэху ящӀэну лъэкӀыныгъэ зэраритыр зэхуэмыдэщ, ауэ а Ӏуэху псори цӀыху псоми ящӀэну лъэкӀыныгъэ езыт Тхьэр зыщ.


Аращи, тепщэныгъэ зиӀэхэм уахуэӀурыщӀэн щӀыхуейр къыпхуэфащэ гугъуехьыр Тхьэм къыптрилъхьэнкӀэ узэрыщышынэ къудейр аракъым, атӀэ уахуэӀурыщӀэну зэрытэрэзыр уигукӀэ зэрыпщӀэри абы хэтщ.


Зы пкъым дыщыщыщщ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри зыщ, дызыщыгугъыу дызыпэплъэ Ӏуэхуу Тхьэм дыкъызыхуриджари зыщ.


Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар члисэ зэхуэсым и хьэтыркӀэ и акъылыфӀагъэ зэмылӀэужьыгъуэм и хъыбарыр уафэм щыӀэ Ӏэтащхьэхэми, тепщэныгъэ зиӀэхэми иджырей зэманым яригъэщӀэн щхьэкӀэщ.


Апхуэдэу, дэ псоми Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэу, ар зыхуэдэри тщӀэуэ, зы дыхъунущ икӀи Мэссихь и щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэсауэ зэрыщытым хуэдэу, дэри, ди щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса дыхъунущ.


Апхуэдэ цӀыхур щхьэуэ щыт Мэссихьым гъусэ хуэхъуркъым. Щхьэр арщ пкъыр зэзыпхыу, къупщхьэ зэрытыпӀэхэмкӀи хуэхэмкӀи пкъы псоми къару езыгъэгъуэту, ар зэщӀэзубыдэр. Апхуэдэу, Тхьэр зэрыхуейм тету пкъым зеужь.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan