Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:21 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

21 Ӏэтащхьэхэми, тепщэныгъэ зиӀэ псоми, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ псоми, пашэ псоми, мы дунейм и мызакъуэу, къэкӀуэну дунейми зи цӀэ къыщыраӀуэ псоми Тхьэм Мэссихь япщ ищӀащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:21
20 Iomraidhean Croise  

Хэту щытми, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм псалъэ Ӏей хужызыӀэм къыхуэгъункӀэ Ӏэмал щыӀэщ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм псалъэ Ӏей хужызыӀэм мы дунейми ахърэтым къыщыхуэгъунукъым.


– ЦӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр Хьисэ и закъуэщ. Абы и цӀэм нэмыщӀ, дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыфын Тхьэм уафэм и щӀагъым щӀэт цӀыхухэм иритауэ зыри щыӀэкъым.


А Ӏуэхухэм я гъуэгум фрикӀуэрт. Мы дунейм и хабзэжь Ӏейм фытету, жьым тепщэныгъэ щызиӀэ Ӏэтащхьэу, жин бзаджэу Тхьэм емыдаӀуэхэм я псэм хэлэжьыхьыр зэрыхуейм тету фыпсэуащ.


Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар члисэ зэхуэсым и хьэтыркӀэ и акъылыфӀагъэ зэмылӀэужьыгъуэм и хъыбарыр уафэм щыӀэ Ӏэтащхьэхэми, тепщэныгъэ зиӀэхэми иджырей зэманым яригъэщӀэн щхьэкӀэщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дызэбэныр лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыхухэр аркъым, атӀэ жин бзаджэ Ӏэтащхьэхэрщ, тепщэныгъэ зиӀэхэрщ, мы дуней кӀыфым и пашэшхуэ жин бзаджэхэрщ, уафэми щыӀэ жин бзаджэхэрщ.


Мэссихь фи псэм зэрыщыщымкӀэ абы и гъащӀэ нэгъэсауэ фхэлъщ. Ар Ӏэтащхьэ псоми тепщэныгъэ зиӀэ псоми я щхьэщ.


Мэссихь жорым щыкӀэрылӀыхьам, жин бзаджэ Ӏэтащхьэхэмрэ тепщэныгъэ зиӀэ жин бзаджэхэмрэ я лъэкӀыныгъэхэр яӀихыжащ. Абыхэм зэратекӀуар ӀупщӀу къигъэлъагъуэурэ, я напэхэр трихащ.


Тхьэм «си Къуэ» жиӀэу, абы къызэреджэ цӀэр мелыӀычхэм я цӀэм нэхърэ зэрынэхъ лъапӀэм хуэдэу, Тхьэм и Къуэр мелыӀычхэм я щхьэ ищӀащ.


КъэкӀуэну дунейуэ зи гугъу тщӀыр Тхьэм зи ӀэмыщӀэм кърилъхьар мелыӀычхэракъым.


Аращи, уафэм дэкӀуеижауэ, Тхьэм и Къуэ Хьисэ дин пашэшхуэу диӀэщи, дэ диӀэ фӀэщхъуныгъэм дытету щыпкъагъэкӀэ дривгъакӀуэ.


Хьисэ Мэссихь уафэм дэкӀуеяуэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьауэ щысщ иджы, мелыӀычхэри, тепщэныгъэрэ лъэкӀыныгъэрэ зиӀэхэри къыхуэӀурыщӀэу.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan