Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар дэ, Мэссихь щыгугъыу япэ пэплъэхэм, Тхьэм и щӀыхьышхуэм фӀыщӀэ хуэтщӀын щхьэкӀэщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:12
21 Iomraidhean Croise  

Зиусхьэныр вгъэлъапӀэ, Ар къыфхуэмыгубжьын, фызытет гъуэгум фытемыкӀуэдэн папщӀэ; сыту жыпӀэмэ Абы и губжьыр щӀэх къызэщӀэплъэнущ. Гъуэгу махуэ теуващ Абы щхьэегъэзыпӀэкӀэ зыхуэзыгъазэ псори.


– Фымыгузавэ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ, сэркӀи фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ.


Апхуэдэу щӀищӀар и щӀыхьышхуэм тету и нэфӀ къызэрытщыхуам щхьэкӀэ дэ езым щӀыхь хуэтщӀын папщӀэщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым и Къуэу фӀыуэ илъагъум къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ куэду къытщыхуащ.


Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар Мэссихь Хьисэ къытхуригъэщӀа фӀыгъуэмкӀэ езым и нэфӀ щыхуэныгъэшхуэу гъунэ зимыӀэр къэкӀуэну лъэхъэнэхэм я цӀыхухэми яригъэлъагъун щхьэкӀэщ.


Дэ, Мэссихь Хьисэ зи псэм хэлъу, члисэ зэхуэсым щыщхэм, мыкӀуэдыжын лъэхъэнэу къэкӀуэнухэмкӀи щӀэблэ къэхъунухэмкӀи Тхьэм щӀыхьышхуэр хуэдвгъэщӀ. Ӏэмин.


Ауэ Зиусхьэным фӀыуэ илъагъу фи къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм зэпымычу фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ, япэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ фымыкӀуэду фыкъригъэлын щхьэкӀэ, Тхьэм фыкъыхихащ. Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гур зыгъэкъабзэм и лъэкӀыныгъэкӀи, щыпкъагъэр фи фӀэщ зэрыхъуамкӀи фымыкӀуэду фыкърегъэл.


Аращ мы гугъуехьыр щӀэсшэчыр, ауэ сыдзыхэркъым, фӀэщхъуныгъэ зыхузиӀэ Хьисэ Мэссихь сощӀэ, езыми си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум а махуэм нэсыху ар къыхуэсакъын зэрылъэкӀынум сыщогугъри.


Езыр хуеяти, щыпкъагъэм и псалъэхэмкӀэ езым и бын дигъэхъуащ, езым къигъэхъуа псоми ящыщу япэ дитын щхьэкӀэ.


ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ ищӀащ Мэссихь. Тхьэращ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжар, щӀыхьышхуэри къезытар. Абы и фӀыгъэкӀэ ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуащ икӀи Тхьэм фыщогугъ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan