Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ Тхьэм дэри ӀыхьэфӀыр къытлъигъэсащ. Тхьэм иуха мурадым тету а ӀыхьэфӀыр къытлъысыну куэд щӀауэ игъэуващ. Езыращ и мурадымрэ зыхуеймрэ тету Ӏуэху псори зыгъэзащӀэр.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:11
40 Iomraidhean Croise  

Себэным сынэсащ сэ, си узым сибгынэркъым.


Хамэ лъэпкъ щыщхэм ар щызэхахым, гуфӀэри, Зиусхьэным и псалъэхэм щӀыхь хуащӀащ. ИкӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ зритыну Тхьэм игъэува цӀыху псоми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.


Тхьэм зэриухам тету икӀи а Ӏуэхур къэхъун и пэкӀэ ищӀэу зэрыщытам тету, Хьисэ къыфӀэщӀыхьащ. ЦӀыху бзаджэхэм ар жорым иревгъэӀулӀри евгъэукӀащ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр зыхуей псори фэзгъэщӀэным еш сымыщӀэу сыщӀэкъуащ сэ.


– Тхьэми абы и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа псалъэхэми фахузогъазэ иджы. А псалъэхэм гурэ псэкӀэ къару фагъэгъуэтынуи Тхьэм и цӀыхуу езым зыкъезыта псоми фрагъусэу ӀыхьэфӀ къыфлъагъэӀэсынуи ялъокӀ.


Ахэр кӀыфӀыгъэм къыхэкӀыу, нэхугъэм зыкъыхуагъэзэн икӀи шейтӀаным и тепщэныгъэм къыщӀэкӀыу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зралъхьэн щхьэкӀэ, я нэхэр къэбгъэплъэжыну, абыхэм я деж узогъакӀуэ. СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ гуэныхьу ящӀар къахуэгъунущ итӀанэ икӀи Тхьэм и ӀэмыщӀэ зезылъхьа цӀыхухэм ӀыхьэфӀу къалъысынур абыхэми къалъысынущ».


Уэ уи лъэкӀыныгъэшхуэкӀи уи гухэлъкӀи къэхъун хуея, уэ ипэкӀэ бгъэува Ӏуэхухэр абыхэм ягъэзэщӀащ.


«Хэт Зиусхьэным и гум илъыр зыщӀэр? Хэт абы чэнджэщэгъу хуэхъуар?


Тхьэм дызэрибыным щхьэкӀэ Тхьэм и бынхэм ӀыхьэфӀу къалъысыр дэри къытлъигъэсынущ. А ӀыхьэфӀу Тхьэм Мэссихь къылъигъэсар Мэссихь щӀыгъуу дэри къытлъигъэсынущ. Мэссихь дыщӀыгъуу дэри гугъуехь тшэчмэ, Мэссихь дыщӀыгъуу дэри Тхьэм щӀыхьышхуэ диӀэ ищӀынущи.


Тхьэр фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэу, езым и мурадым тету и бын хъуну къыхуриджахэм Ӏуэху псом я фӀагъ Тхьэм къазэрыригъэкӀыр дощӀэ.


Тхьэм къыхиха цӀыхухэр езым и Къуэм хуэдэ хъуну игъэуващ, и Къуэр къуэш куэдым я пэ итын щхьэкӀэ.


Тхьэм игъэува цӀыхухэр и бын хъунуи къыхуриджащ. Къриджахэми щыпкъагъэ яӀэу илъытащ. Езым щыпкъагъэ зиӀэу илъытахэми щӀыхьышхуэ яӀэ ищӀащ.


ЩӀалэхэр къамылъхуауэ, ери фӀыри ямыщӀауэ, Тхьэм Ревеккэ къыжриӀащ: «Нэхъыжьыр нэхъыщӀэм хуэӀуэхутхьэбзэщӀэнущ». Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар цӀыху гуэр къызэрыхихымкӀэ езым и мурадыр игъэзэщӀэну арщ. ЦӀыхум ищӀа Ӏуэхухэм емылъытауэ, зыхуей цӀыхур Тхьэм езым къыхех,


Тхьэм цӀыхухэм ӀыхьэфӀыр къалъигъэсыныр Торэт хабзэм итхэм я гъэзэщӀэным епхауэ щытмэ, абы щыгъуэ Тхьэм ахэр къызэригъэгугъам ӀыхьэфӀыр епхакъым. Ауэ, ипэжыпӀэкӀэ, Тхьэм къызэригъэгугъам щхьэкӀэщи, аращ и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ а ӀыхьэфӀыр Ибрахьим щӀылъигъэсар.


Дэ, Тхьэм и цӀыхухэм, ди щхьэхэр ищэхужыху, ӀыхьэфӀыр къызэрытлъигъэсымкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр ди сакъылэтщ, Тхьэм и щӀыхьышхуэм фӀыщӀэ хуэтщӀын щхьэкӀэ.


Фэ фи гур къигъэплъэжынуи Тхьэм солъэӀу. Апхуэдэу сыщӀелъэӀур Тхьэм фыкъызыхуриджа гугъэр фщӀэн щхьэкӀэщ. ИтӀани езым и цӀыху лъапӀэхэм драгъусэу щӀыхьышхуэ зиӀэ Ӏыхьэшхуэу Тхьэм къытлъигъэсри фщӀэн щхьэкӀэщ сыщӀелъэӀур.


Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм езым и бынхэм хуэдэу дищтэну куэд щӀауэ иухащ, игъуэу зэрилъытамрэ и мурадымрэ тету.


АкъылыфӀагъэ псоми гурыӀуэныгъэ псоми щӀыгъуу, Тхьэм а нэфӀ щыхуэныгъэшхуэр къытлъигъэсащ.


Тхьэм и мурад щэхуу Мэссихь иригъэгъэзэщӀэну иухар игъуэу зэрилъытам тету дэ къыдгуригъэӀуащ.


Тхьэм а Ӏуэхур игъэзэщӀащ, Мэссихь Хьисэу ди Зиусхьэным иригъэгъэзэщӀа зэи мыкӀуэдыжын мурадым тету.


Тхьэуэ Адэ лъапӀэм фыхуэгуфӀэурэ фӀыщӀэ хуэфщӀ. Нэхур здэщыӀэ щӀыпӀэм деж Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм яхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀымкӀэ фэри Ӏыхьэ къыфлъысыну къыфхуигъэфэщащ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным и цӀыхухэм яхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀыр фэри влэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ къызэрыфлъысынур фощӀэри. Зиусхьэн Мэссихьщ фызыхуэлажьэр.


Мэссихь и псэр дэр щхьэкӀэ итащ. И псэр щӀитар бзаджагъэ псоми дыхишыжу, ди щхьэхэр ищэхужын щхьэкӀэщ икӀи фӀы щӀэным дигурэ ди псэкӀи дыхэту, езым и лъэпкъ дыхъун папщӀэ, ди гур игъэкъэбзэжын щхьэкӀэщ.


Тхьэм дымыкӀуэду дыкъыщӀригъэлар и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ щыпкъагъэ диӀэу дилъытауэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэу дызыщыгугъыурэ дызыпэплъэр ӀыхьэфӀу къытлъигъэсын щхьэкӀэщ.


Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхур ӀыхьэфӀу къызылъысыну цӀыхухэм и мурадыр зэрызэблимыхъунур яригъэлъагъуну хуеяти, къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр зэригъэзэщӀэнур псалъэ быдэкӀэ къахуигъэпэжащ.


Си къуэш лъапӀэхэ, фыкъэдаӀуэ! Мы дунейм и цӀыху тхьэмыщкӀэхэракъэ Тхьэм къыхихар, фӀэщхъуныгъэмкӀэ къулеигъэ пэжыр ягъуэтыжын, Тхьэр фӀыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа тепщэныгъэшхуэмкӀэ я ӀыхьэфӀыр къалъысын щхьэкӀэ.


Тхьэм и бынхэм яхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀри диӀэ хъунущ. А мыкӀуэдыжын ӀыхьэфӀу, щыщӀагъэ зыбгъэдэмылъу, зэрыщыту къанэр Тхьэм уафэм къыщыфхуехъумэ.


Бзаджагъэм бзаджагъэкӀэ фыпемыгъуэкӀ, къыфщӀэнакӀэм фыщӀэмынэкӀэж. Абы и пӀэкӀэ, «Тхьэм и нэфӀыр къыфщрехуэ», яжефӀэ; и бынхэм ящыщ фыхъуну Тхьэм фыкъыщӀыхуриджар абы и нэфӀыр къызэрыфщыхуэнур фэ ӀыхьэфӀу къыфлъысыну арщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan