4 Ар щӀыжысӀэр гъэпцӀагъэ зыхэлъ псалъэхэмкӀэ зыми фыдимыхьэхын щхьэкӀэщ.
Мэссихь нэпцӀхэмрэ бегъымбар нэпцӀхэмрэ къежьэнущи. Абыхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэнхэри Ӏуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэри ягъэпцӀэн мурадкӀэ, ялъэкӀмэ.
– Зыми фыкъызэримыгъэпцӀэным фыхуэсакъ! – яжриӀащ Хьисэ.
Мэссихь нэпцӀхэмрэ бегъымбар нэпцӀхэмрэ къежьэнущ. Абыхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэнхэри Ӏуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэр ягъэпцӀэн мурадкӀэ, ялъэкӀмэ.
ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ фэри къыфхэкӀынущ гъуэгу пхэнжым фытрагъэхьэн щхьэкӀэ, щыпкъагъэр зэхъуэкӀыным хэтхэр.
КъыжысӀахэмрэ хъыбару къыфхуэсӀуэтахэмрэ яхэтакъым цӀыхум и акъылыфӀагъэр яӀэу, фи фӀэщ зыгъэхъун псалъэхэр, ауэ си псалъэхэр къигъэпэжу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и къарур яӀэт.
Ауэ блэжьым Хьэуа зи цӀэр хьилагъэкӀэ зэригъэпцӀам хуэдэу, фэри фи щхьэр зэӀигъыхьэу, Мэссихь щыпкъагъэу хувиӀэм фи щӀыбагъ хуэвгъэзэнкӀэ сошынэ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къуэш нэпцӀ гуэрхэу ди къуэшхэм захэзыгъэзэрыхьахэр арат зыхуеяр. Мэссихь Хьисэ ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, диӀэ щхьэхуитыныгъэм еплъакӀуэу, Торэт хабзэм и бжьым дыщӀагъэувэжыну и ужь итт ахэр.
Толъкъунхэм адэ-мыдэкӀэ дызэрадзэу, сабийм дыхуэдэжынкъым итӀанэ, цӀыху гуэрхэм адрей цӀыхухэм ирагъащӀэ хъыбархэм я жьыбгъэ псоми дызэрахуэжыфынукъым. Адрей цӀыхухэр дэшэхыным хуэӀэзэ цӀыхухэм я пцӀыр къытхэзэгъэжынукъым итӀанэ.
Зиусхьэным и цӀэкӀэ куэду фхузогъэбыдэ: Хамэ лъэпкъхэм я щхьэхэр нэщӀу зэрыпсэум хуэдэу фымыпсэу.
Псалъэ мышыухэмкӀэ зыми зыкъевмыгъэгъапцӀэ, апхуэдэ Ӏуэхухэм щхьэкӀэ Тхьэм и губжьыр езым емыдаӀуэ цӀыхухэм къалъигъэсынущи.
Егъэлеяуэ зывгъэцӀыкӀун хуейуэ, мелыӀычхэри вгъэлъэпӀэн хуейуэ нывжезыӀэм зыдевмыгъэшэх. Апхуэдэ цӀыхум, Тхьэм абы къригъэлъэгъуауэ жыхуиӀэ Ӏуэхухэм зэпымыууэ тепсэлъыхьурэ, мы дунейм тет цӀыхухэм я гупсысэкӀэ зэриӀэм щхьэкӀэ пщӀэншэу зыкъыфӀощӀыж.
Фысакъ, мы дунейм и философие нэпцӀымкӀэ, цӀыхухэр щызыгъауэмкӀэ зыми зыдевмыгъэшэх. Апхуэдэ философие къызыхэкӀыр Мэссихькъым, атӀэ ди адэжьхэм къащӀэна хабзэмрэ мы дунейм теухуауэ цӀыхухэм яхэлъ гурыӀуэныгъэу нэпцӀымрэщ.
Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ псалъэ мышыухэм пэӀэщӀэ зыщӀ, апхуэдэхэм яхэтхэр Тхьэм нэхъ пэжыжьэ хъу зэпытщи.
ЦӀыху бзаджэхэми гъэпцӀакӀуэхэми я бзаджагъэм хагъэхъуэнущ; абыхэм нэгъуэщӀ цӀыхухэр дахьэх, езыхэми я щхьэр къагъэпцӀэж.
Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, мыр иужьрей дыдэ зэманщ. Антихрист къэкӀуэну зэрызэхэфхам хуэдэу, Антихрист куэд къэкӀуащ иджы. Апхуэдэу, и ужь дыдэ зэманыр къызэрысар дощӀэ.
Тхьэм и гъуэгум фытезыгъэкӀыну и ужь итхэм ятеухуауэ мы Ӏуэхугъуэхэр ныфхузотх.
ФӀыуэ слъагъухэ, «Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр си гум илъщ», жызыӀэ дэтхэнэри фи фӀэщ фымыщӀ, ауэ и гум илъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арамэ, вгъэунэху, бегъымбар нэпцӀ Ӏэджэ дунейм къытехьащи.
Хьисэ Мэссихь дунейм цӀыхуу къызэрыкӀуар зымыдэ цӀыху куэд – адрей цӀыхухэр къэзыгъапцӀэхэр дунейм къытехьащ. Апхуэдэ цӀыхухэр гъэпцӀакӀуэщ икӀи Антихристхэщ.
Благъуэжь абрагъуэр щӀылъэм кърадзыхащ – иблису икӀи шейтӀану жыхуаӀэ блэжьу щӀылъэм тет цӀыху псори дэзыщэхыр аращ. Ари абы и мелыӀычхэри щӀылъэм кърадзыхащ.
Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ, зи цӀэхэр Щынэ фӀагъэжам и тхылъым ит цӀыхуу гъащӀэ зыгъуэтынухэм фӀэкӀа къэмынэу, щӀылъэм тет адрей цӀыху псоми хьэщхьэвылъэр ягъэлъэпӀэнущ.
ЩӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм щӀидзэщ, игъэбыдэжри, мыхъур тридзащ, илъэс миныр иухыху, лъэпкъхэр къимыгъэпцӀэн щхьэкӀэ. А илъэс миным и ужькӀэ зэман мащӀэкӀэ хуит ящӀыжын хуейщ.
Ар кӀуэнурэ, щӀылъэм и лъэныкъуиплӀым щыӀэ лъэпкъыу Гогрэ Магогрэ зи цӀэхэр игъэпцӀэнущ. Зэуэн щхьэкӀэ, ахэр зэхуишэсынущ. Абыхэм я бжыгъэр хым и пшахъуэм хуэдизынущ.