5 Уэ, дауэ хъуми, зышыӀэ. Гугъуехь шэчи, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэм и Ӏуэхур лэжь, Тхьэм уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур нэсу гъэзащӀэ.
Талантитху зритар занщӀэу кӀуэри, лажьэурэ нэгъуэщӀ талантитху къилэжьащ.
Ар зыхуэдэр мыращ: ЛӀы гуэр жыжьэ кӀуэну, унэм щӀокӀ. Езым и Ӏуэху ищӀэну, и унэр унэӀутхэм яӀэщӀелъхьэ хэти, куэбжэм Ӏут хъумакӀуэми мыжейуэ сакъыну унафэ хуещӀ.
Фэ нывжесӀэр псоми яжызоӀэ: фымыжейуэ фысакъ!
Тепщэм къигъэзэжа нэужь, мыжейуэ икӀи сакъыу къызрихьэлӀэж унэӀутхэр гъуэгу махуэ теуващ. Пэжыр нывжызоӀэ, абы и цеикӀэр диупщӀэнущ, Ӏэнэм пэригъэтӀысхьэнущ икӀи езыр къэкӀуэнурэ къащхьэщытынущ.
ЕтӀуанэ махуэм абы дыдэкӀыжри, Кесарие къалэм дыкӀуащ. Филипп и цӀэу Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр езыгъэдаӀуэ лӀым и унэм дыщӀыхьэри, абы деж дыкъэнащ. Ар лӀиблым ящыщт.
Мэссихь цӀыхухэм тыгъэхэр зэраритар мыращ: цӀыху гуэрхэр апостолу игъэуващ, нэгъуэщӀхэри бегъымбару игъэуващ, адрейхэми езым теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм хуаӀуэтэну игъэуващ, итӀанэ нэгъуэщӀ гуэрхэри дин пашэу икӀи дин егъэджакӀуэу игъэуващ.
Ахэр щӀигъэувар и цӀыху лъапӀэхэм езым хуэлэжьэну лъэкӀыныгъэ яритын, Мэссихь и пкъым щыщхэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ яригъэгъуэтын папщӀэщ.
Тхьэм си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум тету, Тхьэм и хъыбарыфӀыр нэсауэ фэзгъэщӀэн щхьэкӀэ, члисэ зэхуэсхэм сахуолажьэ.
«Зиусхьэным уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур гъэзащӀэ», жыфӀи, Архипп схужефӀэж.
Аращи, нэгъуэщӀ цӀыхухэм яхуэдэу дыжей хъунукъым, атӀэ дымыжейуэ дысакъын, зышыӀэныгъи тхэлъын хуейщ.
Уи ныбжьыщӀагъэм щхьэкӀэ, зыми нэмыплъ зрумыгъэт, ауэ псалъэхэмкӀэ, псэукӀэмкӀэ, фӀылъагъуныгъэмкӀэ, фӀэщхъуныгъэмкӀэ, гукъабзагъэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щапхъэ яхуэхъу.
Мы Ӏуэхухэм я ужь ит, ар япэ зэрибгъэщыр цӀыху псоми нахуэ ящыхъун щхьэкӀэ, плъэкӀ къыумыгъанэ.
Ди Зиусхьэным умыдзыхэу щыхьэт хуэхъу. Сэри абы сызэрыхуэлажьэм къыхэкӀкӀэ, лъэхъуэщым сызэрыщӀадзам папщӀэ емыкӀу сыкъыумыщӀ, хъыбырыфӀым щхьэкӀэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ гугъуехь къыздэшэч.
Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэм си фӀагъ езгъэкӀын щхьэкӀэ, шыӀэныгъэкӀэ гугъуехь псори сошэч. Апхуэдэу, Мэссихь Хьисэ я псэм зэрыщыщым папщӀэ ахэри мыкӀуэду къелынущ, мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэ яӀэ хъунущ.
Хьисэ Мэссихь и зауэлӀыфӀым хуэдэу гугъуехь къыздэшэч.
Хамэ псоми зэхахын щхьэкӀэ, езым и хъыбарыфӀ псори яхуэсӀуэтэну Зиусхьэныр къызбгъэдыхьэри къару къызитащ. Аслъэным и жьэм сыкъыжьэдихыжам хуэдэщ ар.
Фи унафэщӀ къуэшхэм къыжаӀэм федаӀуэ икӀи абыхэм фахуэӀурыщӀэ, ахэр Тхьэм жэуап езытыжын хуей цӀыхухэм хуэдэу, фи псэхэм яхуэсакъыу къыкӀэлъоплъри. Я Ӏуэхур къехьэлъэкӀыурэ ямылэжьэу, гуфӀэу ящӀэн щхьэкӀэ, абыхэм федаӀуэ. Я Ӏуэхур къехьэлъэкӀыурэ ящӀэмэ, абы и фӀагъ къывэкӀыркъым.
Аращи, фи цей къуакӀэ дэупщӀауэ, фигукӀэ хьэзыру фыщыт. ЗышыӀэныгъэ зивгъэӀэ. Хьисэ Мэссихь къыщыкӀуэжыну махуэм Тхьэм и нэфӀыр къызэрыфщыхуэным куэду фыщыгугъыурэ фыпэплъэ.
Фысакъ, фымыжейуэ, къыфхуэнэжа гъащӀэу и кӀэм нэсам къару евгъэгъуэт; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ влэжь Ӏуэхухэр Тхьэм дежкӀэ нэсауэ слъытэркъым.