Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 4:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Щыпкъагъэр зэхахыну ямыдэу, гъуэщауэ, шыпсэ гъэщӀэгъуэнхэм едэӀуэнущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 4:4
13 Iomraidhean Croise  

Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы цӀыху лъэпкъыр гулъытэншэ хъуащ. Я тхьэкӀумэхэмкӀи ерагъыу зэхах къудейщ, я нэхэри яуфӀыцӀащ. Апхуэдэу щымытамэ, я нэхэмкӀи ялъагъунт, я тхьэкӀумэхэмкӀи зэхахынт, ягухэмкӀи зэхащӀыкӀынт, си дежи къагъэзэжынти, сэ ахэр згъэхъужынт итӀанэ».


Ар щызэхахым, абыхэм я тхьэкӀумэхэр ӀуапӀэри, зэрыгъэкӀийурэ къебгъэрыкӀуащ.


Аращи, пцӀыр я фӀэщ хъун щхьэкӀэ, Тхьэм абыхэм я гупсысэкӀэр зэрегъэкӀуэкӀ.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ фыз хъыбархэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ уи гум зэрилъыным хущӀэкъу.


Уэ, Тимофей, Тхьэм уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум хуэсакъ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ псалъэ мышыухэмрэ щӀэныгъэ нэпцӀ зыхэлъ пэпсэлъэнымрэ пэӀэщӀэ зыщӀ.


Асие хэкум ис псори, абыхэм Фигеллрэ Ермогенрэ яхэту, зэрызэбгъэдэкӀыжар уощӀэ.


икӀи журтхэм я шыпсэхэми, щыпкъагъэм зи щӀыбагъыр хуэзыгъэзахэм я унафэхэми емыдэӀуэн зэрыхуейр.


Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуэ фэ псоми.


Хьисэ Мэссихь лъэкӀыныгъэшхуэу иӀэмрэ дунейм къызэригъэзэжынумрэ я хъыбарыр къыщыфхуэтӀуатэм деж, ӀущыгъэкӀэ дэ къэдгупсысауэ таурыхъхэр нывжетӀэу аракъым, атӀэ езым и щӀыхьышхуэр дэ ди нэкӀэ тлъэгъуащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan