Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 4:20 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

20 Ераст Коринф къалэм къыдэнащ. Трофим Милит къалэм сымаджэу къыщызгъэнащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 4:20
9 Iomraidhean Croise  

Паул Афинэ къалэм дэкӀыжри, Коринф къалэм кӀуащ абы и ужькӀэ.


Синэгуэгум и пашэ Крисп, и унагъуэр зэрыщыту и гъусэу, ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ хъуащ. Коринф къалэм дэс цӀыху куэди Паул едэӀуэурэ, фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъури, зрагъэумэхъащ.


Паул и дэӀэпыкъуэгъухэм ящыщу Тимофейрэ Ерастрэ Македоние хэкум нэхъапэ игъэкӀуащ. Езым Асие хэкум тӀэкӀурэ зыщиӀэжьащ.


А къалэм дыщежьэри, Хиос хытӀыгум хуэзанщӀэу етӀуанэ махуэм дыкъыщыувыӀащ. КъыкӀэлъыкӀуэ махуэм Самос хытӀыгум дыкӀуащ. Трогилие къалэм дыкъыщыувыӀэри, етӀуанэ махуэм Милит къалэм дынэсащ.


Милит къалэм дыщыдэсым Паул Ефес щыӀэ члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр къригъэшащ.


Паул и гъусэхэр мыхэрат: Верие къалэм щыщ Пирр и къуэ Сосипатер; Фессалоникэ къалэм щыщ Аристархрэ Секундрэ; Дервие къалэм щыщ Гай; Тимофей; Асие хэкум щыщ Тихикрэ Трофимрэ.


Апхуэдэу щӀыжаӀар нэхъапэм Ефес къалэм щыщ Трофим Паул и гъусэу къалэм щалъэгъуати, аращ. Паул ар щӀэмыхьэпхъэу Тхьэм и унэшхуэм щӀигъэхьауэ я гугъащ.


Гайуэ, сэ, Паул, си бысымми, члисэ зэхуэсым зэкӀэ ди бысымми фӀэхъус къывехыж. Къалэм и ахъшэр зи ӀэмыщӀэ илъ Ерастрэ ди къуэш Квартрэ фӀэхъус къывахыж.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan