Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 4:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 ХеящӀэм и пащхьэм зыщызгъэхеину япэ дыдэ сыщыхэтам, зыри дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъуакъым, псоми сыхыфӀадзэжащ. КъызащӀар Зиусхьэным ярыремыгъэпшыныж.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 4:16
16 Iomraidhean Croise  

Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху псори, езыр утыкум къранэри, щӀэпхъуэжащ абдежым.


– Синэгуэгухэм фыщраткӀи, хэку пашэхэми тепщэныгъэ зиӀэхэми я пащхьэм фыщрашэкӀи, «Дауэ зыдгъэхейну?» икӀи «Сыт жытӀэну?» жыфӀэу фымыгузавэ;


– Мис, фэ фызэбгрыкӀыжу, фэ фщыщ дэтхэнэми езым и унэм щигъэзэжыну сыхьэтыр къос икӀи къэсакӀэщ. Сэ си закъуэу утыкум сыкъивнэнущ, ауэ сэ си закъуэкъым, Адэ лъапӀэр си гъусэщ.


– Ди къуэшхэри ди адэхэри зызгъэхеижын щхьэкӀэ нывжесӀэнум фыкъедаӀуэ.


– Ауэ сэ абыхэм мыпхуэдэ жэуап естащ: «Ягъэкъуаншэр къедауэхэм я пащхьэм къихьэу, зэрагъэкъуаншэмкӀэ жэуап яритурэ зиухеину хуит ямыщӀмэ, апхуэдэм укӀ тралъхьэну Рим хабзэм къезэгъыркъым».


Лъэгуажьэмыщхьэу тӀысри, макъышхуэкӀэ жиӀащ итӀанэ: – Зиусхьэн, мы гуэныхьыр мы цӀыхухэм я пщэм думылъхьэ! Ар жиӀэри, и псэр хэкӀащ.


ФӀылъагъуныгъэм хабзэншагъэ зэрихьэркъым, езым и щхьэм и фӀагъ къилъыхъуркъым, зигъэгусэркъым, бзаджагъэми егупсысыркъым.


Сызыгъэкъуаншэхэм яжесӀэр мыращ:


Мы гухэщӀыныгъэу Тхьэр зэрыхуейм тетым фэркӀэ фӀыуэ къыпэкӀуам феплъ: Мы ӀуэхумкӀэ сыт гузэвэгъуэшхуэ фиӀэ хъуа, зывгъэхеину сыт хуэдизкӀэ фыхэта, къуаншэми сыт хуэдизкӀэ фыхуэгубжьа, сыт хуэдэ шынагъэшхуэ фи гум илъ хъуа, сыт хуэдизкӀэ фыкъысхуея, сыт хуэдэ егугъуныгъэшхуэ фиӀэ хъуа, мыхъумыщӀагъэ зыщӀам хуэфащэр евгъэпшыныжыным сыт хуэдизкӀэ фыхэта! Мы ӀуэхумкӀэ фызэрыхейр сыт и лъэныкъуэкӀи ӀупщӀу къэвгъэлъэгъуащ.


Адрейхэм, я гум фӀылъагъуныгъэ зэрилъым къыхэкӀкӀэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм хуаӀуатэ. Мэссихь и хъыбарыфӀым пэувхэм жэуап естыжыну Тхьэм сызэригъэувар ящӀэ.


Апхуэдэу фэ псоми щхьэкӀэ сызэрыгупсысэр тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ӏэпхлъэпх сащӀауэ щытми, хъыбарыфӀым пэувхэм жэуап щесткӀи, хъыбарыфӀым и щыпкъагъэр къыщызгъэлъагъуэкӀи, си псэм сыт щыгъуи фыщыщщ фэ псори – си гъусэу Тхьэм и нэфӀ зыщыхуа цӀыхухэр.


Асие хэкум ис псори, абыхэм Фигеллрэ Ермогенрэ яхэту, зэрызэбгъэдэкӀыжар уощӀэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Димас мы дунейр фӀыуэ илъэгъуати, сэ сыкъигъанэри, Фессалоникэ къалэм кӀуащ. Крискент Галатие хэкум кӀуащ, Тити Далмацие хэкум кӀуащ. Си деж къэнар Лука закъуэщ.


Уэри абы ухуэсакъын хуейщ, ди псалъэхэм лъэщу ар япэувыжащи.


Зиусхьэну Тхьэр фигукӀэ вгъэлъапӀэ. Фи гугъапӀэмкӀэ хэт къывэупщӀми, Ӏэдэбу, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ фигу зэрилъымкӀэ жэуап ефтыжыну сыт щыгъуи хьэзыру фыщыт.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan