15 Уэри абы ухуэсакъын хуейщ, ди псалъэхэм лъэщу ар япэувыжащи.
Хьэхэм хуэдэ цӀыхуу бзаджагъэ зылэжьу адрей цӀыхухэр сунэт зыщӀхэм защыфхъумэ.
Ианнийрэ Иамврийрэ Мусэ бегъымбарым зэрыпэувам хуэдэу, мы цӀыхухэри щыпкъагъэм поув. Ахэр зи акъыл ныкъуэ цӀыхущ, фӀагъ къызыпымыкӀ фӀэщхъуныгъэщ яӀэр.
ГъуаплъащӀэ Александр леишхуэ къызихащ. Зиусхьэным абы и Ӏуэхухэм яхуэфащэр иригъэпшыныжынщ.
ХеящӀэм и пащхьэм зыщызгъэхеину япэ дыдэ сыщыхэтам, зыри дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъуакъым, псоми сыхыфӀадзэжащ. КъызащӀар Зиусхьэным ярыремыгъэпшыныж.