14 ГъуаплъащӀэ Александр леишхуэ къызихащ. Зиусхьэным абы и Ӏуэхухэм яхуэфащэр иригъэпшыныжынщ.
Зиусхьэным и макъыр лъэщщ, Зиусхьэным и макъыр щӀыхьзехьэщ.
Ауэ пащтыхьыр Тхьэм щыгуфӀыкӀынщ, хэтуи ирехъу, Тхьэм и цӀэкӀэ тхьэрыӀуэ зыщӀыр гуфӀэжынщ; сыту жыпӀэмэ пцӀы зыупсхэм я жьэр Тхьэм зэхуищӀыжынщ.
ФӀыуэ слъагъухэ, зыгуэрым бзаджагъэ къывищӀэмэ, бзаджагъэ евмыщӀэж, ауэ Тхьэм и губжьым гъуэгу ефт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным жиӀар и псалъэ тхахэм яхэтщ: «ЦӀыхухэм я бзаджагъэр езыгъэпшыныжынур сэращ, абыхэм яхуэфащэр езгъэгъуэтыжынущ».
Тхьэм хэти и Ӏуэхухэм яхуэфащэр иритынущ.
Фэ гузэвэгъуэ фыхэзыдзэ цӀыхухэр гузэвэгъуэм хидзэжыну Тхьэм захуагъэу елъытэ.
Именейрэ Александррэ апхуэдэ цӀыхухэм ящыщщ. Ахэр шейтӀаным хуэзгъэзащ сэ, Тхьэр ямыгъэпцӀу зрагъэсэн щхьэкӀэ.
Уэри абы ухуэсакъын хуейщ, ди псалъэхэм лъэщу ар япэувыжащи.
И къэушым ажал къызыхэмыкӀ гуэныхь ищӀэу зылъагъур Тхьэм ирелъэӀу, Тхьэм а къуэшым гъащӀэ къритынущ – ажал къызыхэмыкӀ гуэныхь зыщӀар аращ жыхуэсӀэр. Ажал къызыхэкӀ гуэныхьри щыӀэщ. Апхуэдэ гуэныхьыр къыхуигъэгъун щхьэкӀэ, Тхьэм ирелъэӀу жысӀэркъым.
А къалэшхуэр Тхьэм зэрызэхикъутам щхьэкӀэ уафэри, апостолхэри, бегъымбархэри, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэри фыгуфӀэ, бзаджагъэу къывищӀар Тхьэм а къалэм иригъэпшыныжащи».
А къалэр фэ къызэрыфкӀэлъызекӀуам хуэдэу фэ фыкӀэлъызекӀуэж. Абы Ӏуэху бзаджэу ищӀам хуэдитӀ ефщӀэж. Фи фалъэм къыфхуригъэхъуа фадэм и дыджыгъэм хуэдитӀ фадэ дыдж и фалъэм хуивгъэхъуэж.
Ахэр макъышхуэкӀэ къэджащ: «Уэ Зиусхьэн лъапӀэ икӀи щыпкъагъэ зиӀэ Зиусхьэн, ди лъыр зыгъэжауэ дунейм тет цӀыхухэм я хьэкумыр щатепщӀыхьынум икӀи яхуэфащэр щебгъэпшыныжынум сыт пщӀондэ дыпэбгъэплъэну?»