11 Марк къыздэши, къакӀуэ, абы и дэӀэпыкъуэныгъэ си ӀуэхумкӀэ сыхуейщи.
Ауэ я пэ итхэм ящыщ куэд я ужь къинэнущ, я ужь итхэри япэ ищынущ.
(ИтӀанэ Хьисэ щӀигъужащ:) – Апхуэдэу я ужь итхэр япэ ищынущ, япэ итхэри я ужь къинэнущ; къеблэгъахэр куэдщ, ауэ хэплъыхьауэ яхэтыр мащӀэщ.
Я ужь итхэм ящыщхэр япэ ищынущ, япэ итхэм ящыщхэри я ужь къинэнущ абы щыгъуэ.
Петр къехъулӀар къыщыгурыӀуэжым, МарккӀэ зэджэ Иуан и анэ Мэрием деж кӀуащ ар. Абы деж цӀыху куэд щызэхуэсауэ Тхьэм елъэӀурт.
Варнавэрэ Щаулрэ я Ӏуэхур щаухым, Ерусалим къыдэкӀыжщ, МарккӀэ зэджэ Иуан здашэри, Антиохие къалэм ягъэзэжащ.
Варнавэ МарккӀэ зэджэ Иуан здишэну хуейт.
Паулрэ Варнавэрэ апхуэдизкӀэ зэныкъуэкъуати, зэбгъэдэмыкӀыу хъуакъым. Варнавэ Марк здишэри, Кипр хытӀыгум кхъухькӀэ кӀуащ.
Тхьэм Паул ар къызэрыхуигъэхутэу, хъыбарыфӀыр а цӀыхухэм хуэтӀуэтэну Тхьэм дыкъызэрыхуриджам дыщыгугъыу, Македоние хэкум дыкӀуэну зыдгъэхьэзыращ.
Лъэхъуэщым къыздыщӀэс Аристарх фӀэхъус къывехыж. Варнавэ и унэкъуэщ Марки фӀэхъус къывехыж. Марк теухуауэ унафэ фхуэсщӀащ: Фи деж накӀуэмэ, екӀуу евгъэблагъэ.
Дэ фӀыуэ тлъагъу ди дохутыр Лукарэ Димасрэ фӀэхъус къывахыж.
Асие хэкум ис псори, абыхэм Фигеллрэ Ермогенрэ яхэту, зэрызэбгъэдэкӀыжар уощӀэ.
Зыгуэрым и гур игъэкъэбзэжу, мы Ӏуэху бзаджэхэм пэӀэщӀэ зищӀмэ, хьэкъущыкъуфӀ дыдэм хуэдэ хъунущ. А цӀыхур, Зиусхьэным и ӀэмыщӀэ зрилъхьауэ, и фӀагъ Зиусхьэным иригъэкӀыурэ, фӀыщӀагъэ псоми хуэхьэзыр хъунущ.
Сэ къыздэлажьэ Марк, Аристарх, Димас, Лука сыми фӀэхъус къыуахыж.
Тхьэм фыкъызэрыхихам хуэдэу, Бабилэн щыӀэ члисэ зэхуэсу Тхьэм къыхихам фӀэхъус къывехыж. Си къуэ Марки фӀэхъус къывехыж.