Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 3:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 Ианнийрэ Иамврийрэ Мусэ бегъымбарым зэрыпэувам хуэдэу, мы цӀыхухэри щыпкъагъэм поув. Ахэр зи акъыл ныкъуэ цӀыхущ, фӀагъ къызыпымыкӀ фӀэщхъуныгъэщ яӀэр.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 3:8
31 Iomraidhean Croise  

ЦӀыху гуэрхэр дэ къытхэкӀри, „Сунэт фащӀын хуейщ икӀи Мусэ и Торэт хабзэм итхэм федэӀуэн хуейщ“, жаӀэурэ, я псалъэхэмкӀэ фызэӀащӀауэ икӀи фагъэгузэвауэ дэ зэхэтхащ, ауэ ахэр дэ нэдгъэкӀуакъым.


Абы нэмыщӀу, Тхьэр ящӀэну зэрамыдам щхьэкӀэ, емыкӀу Ӏуэхухэр ящӀэну акъыл пхэнж яӀэу Тхьэм ахэр къигъэнащ.


Апхуэдэ цӀыхухэр зыхуэлажьэр ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихькъым, зыхуэлажьэр я ныбэхэр аращ. ГъафӀэбзэрэ псалъэ дыгъэлкӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀхэр дахьэх.


Толъкъунхэм адэ-мыдэкӀэ дызэрадзэу, сабийм дыхуэдэжынкъым итӀанэ, цӀыху гуэрхэм адрей цӀыхухэм ирагъащӀэ хъыбархэм я жьыбгъэ псоми дызэрахуэжыфынукъым. Адрей цӀыхухэр дэшэхыным хуэӀэзэ цӀыхухэм я пцӀыр къытхэзэгъэжынукъым итӀанэ.


фӀэщхъуныгъэ уиӀэу, уигукӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдумыщӀэжу, гурэ псэкӀэ уи Ӏуэхур лэжь. ЦӀыху гуэрхэм я гумкӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдамыщӀэжыныр зэрамыдам щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу текӀыжащ.


Жин бзаджэхэм цӀыхухэм ирагъащӀэ Ӏуэхухэр къызыпкърыкӀыр напитӀ зиӀэ пцӀыупсхэр арщ. ФӀыри ери зэхадзын ялъэмыкӀыжыну, гъущӀ дамыгъэтедзэ плъамкӀэ хагъэсыкӀам хуэдэу, апхуэдэ цӀыхухэм ягухэр щытынущ.


зи акъыл ныкъуэу, щыпкъагъэм пэжыжьэ цӀыхухэм я зэщыхьэныру пщӀэ зимыӀэрщ. Тхьэр гъэлъэпӀэныр абыхэм фейдэ хэкӀыпӀэу къафӀощӀ. Абыхэм пэӀэщӀэ зыщӀ.


Уэри абы ухуэсакъын хуейщ, ди псалъэхэм лъэщу ар япэувыжащи.


ЦӀыху мыдаӀуэ куэд щыӀэщ, псом хуэмыдэу сунэт ящӀахэм ящыщу. Псалъэ пщӀэншэхэр зэпымыууэ къыжаӀэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэри дахьэх.


Тхьэр ящӀэу жаӀэ, арщхьэкӀэ ялэжь ӀуэхухэмкӀэ Тхьэр зэрамыщӀэр ӀупщӀу къагъэлъагъуэ. Ахэр цӀыху гущыкӀыгъуэщ, жыӀэмыдаӀуэщ, сыт и лъэныкъуэкӀи фӀагъ лъэпкъ къапыкӀыркъым.


Зинэ щӀэным я нэ къыхуокӀ, гуэныхь щӀэнымкӀэ загъэнщӀын ялъэкӀыркъым. Тхьэм и гъуэгум быдэу темытхэр дашэх. Ягухэр нэпсеягъэм етащ. Абыхэм Тхьэм и ней къащыхуащ.


Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, мыр иужьрей дыдэ зэманщ. Антихрист къэкӀуэну зэрызэхэфхам хуэдэу, Антихрист куэд къэкӀуащ иджы. Апхуэдэу, и ужь дыдэ зэманыр къызэрысар дощӀэ.


ФӀыуэ слъагъухэ, «Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр си гум илъщ», жызыӀэ дэтхэнэри фи фӀэщ фымыщӀ, ауэ и гум илъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арамэ, вгъэунэху, бегъымбар нэпцӀ Ӏэджэ дунейм къытехьащи.


Ауэ мыхъумыщӀэ гуэр вдызолъагъу: БегъымбаркӀэ зэджэж цӀыхубз Езавел фыпэувыркъым. Зинэ ящӀэнуи, хамэ лъэпкъ щыщхэм тхьэ нэпцӀхэм хуащӀа къурмэныпхъэм и лыр яшхынуи сэ къысхуэлажьэ цӀыхухэр егъэӀущ икӀи дехьэх абы.


Ауэ ӀуэхугъуэфӀ гуэр фэ вдызолъагъу: Николай и гъуэгум ирикӀуэ цӀыху гупым ялэжь Ӏуэху бзаджэхэр уи жагъуэщ, сэ абыхэм я Ӏуэхухэр зэрызижагъуэм хуэдэу.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan