Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 3:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 зэкӀужыныгъэр зыхуэдэр ящӀэнукъым, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ тепсэлъыхьынущ, захуэшыӀэжынукъым, гущӀэгъуншэ хъунущ, фӀыгъуэр фӀыуэ ялъагъужынукъым;

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 3:3
31 Iomraidhean Croise  

Нэлат ялъысащ абыхэм я губжьым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гущӀэгъуншэти; я къанлыгъэми нэлат ялъысащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ябгэти; щызэхэзгъэкӀынущ ахэр Екъуб и хэкум, Израил хэкум щызэбгрызгъэкӀынущ ахэр.


НэгъуэщӀ тхьэхэм хуэлажьэхэм гукъеуэ куэд къызыхуахьыж, лъыр зыхэт я къурмэн ядэсщӀынкъым, я тхьэхэм селъэӀункъым, я цӀэхэм я гугъу къэсщӀынкъым.


Апхуэдэу уи фӀыгъэ, уи нэфӀ, махуэ дапщэ сэ къэзгъэщӀэнуми, сыщыщӀэнкъым, Зиусхьэным и унэм игъащӀэкӀэ сыщыпсэунщ.


– ЩӀалэм и къуэшыр, адэм и быныр яригъэукӀын мурадкӀэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдынущ. Бынхэри я адэ-анэхэм япэувынущ икӀи тепщэныгъэ зиӀэхэм ирагъэукӀынущ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Хьисэ губгъуэ нэщӀым ишащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Хьисэ абы щӀишар гуэныхь иригъэлэжьын папщӀэ шейтӀаныр абы и ужь итын щхьэкӀэщ.


– Фэ къывэдаӀуэр сэри къызодаӀуэ. Фэ фызымыдэм сэри сидэркъым, сэ сызымыдэм сэ сыкъэзыгъэкӀуари идэркъым.


Ахъшэр фӀы дыдэу зылъагъу фарисейхэм а псор щызэхахым, Хьисэ щыдыхьэшхащ.


– Фэ цӀыху пщыкӀутӀыр си гъуэгу фрикӀуэну сэ фыкъыхэсхакъэ? Апхуэдэу щыт пэтми, фэ фщыщу зыр жин бзаджэщ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


Мыщыпкъагъэ псори, зинэ псори, гъэпцӀагъэ псори, нэпсеягъэ псори, бзаджагъэ псори ягухэм ярыз хъуащ. Фыгъуэныр, цӀыху укӀыныр, зэщыхьэныр, пцӀы упсыныр, лъагъу мыхъуныр я гум илъ зэпытщ.


ЗэхэщӀыкӀ яӀэкъым, я псалъэхэр ягъэзащӀэркъым, гухуабагъи яӀэкъым, зэкӀужыныгъэри гущӀэгъуныгъэри зищӀысри ящӀэркъым.


ТӀури фызэгурыӀуэу икӀи зэману вгъэувамкӀэ нэщӀымрэ Тхьэм елъэӀунымрэ я ужь фыщитынум деж фӀэкӀа пэӀэщӀэ зызэхуэвмыщӀ. ИтӀанэ, зывмышыӀэфмэ, фызэкӀуалӀэ, шейтӀаным фыдимыхьэхын щхьэкӀэ.


Ауэ зашыӀэн ялъэмыкӀмэ, нэчыхькӀэ зэрырегъуэт. Хъуэпсэныгъэм мафӀэм хуэдэу гур исыным нэхърэ нэчыхьыр нэхъыфӀщ.


Аращи, мы унафэр зымыдэм цӀыхуракъым имыдэр, атӀэ Тхьэуэ езым и Псэ ЛъапӀэр ди гум къизылъхьарщ.


А дэӀэпыкъуэгъухэм я фызхэри щӀыхь зыхуэфащэу, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятемыпсэлъыхьу, шыӀэныгъэ зиӀэу, лъэныкъуэ псомкӀи узыщыгугъ хъун цӀыхуу щытын хуйщ.


ХьэщӀэхэр зыгъэлъапӀэ, фӀыр фӀыуэ зылъагъу, гулъытэ зиӀэ, захуагъэ, гу къабзагъэ, шыӀэ зыхэлъ лӀыуэ щытын хуейщ.


Фызыжьхэри ущий Тхьэм и бзылъхугъэ лъапӀэхэм яхуэфащэу псэуну, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятемыпсэлъыхьыну, фадэм зыдрамыгъэхьэхыну икӀи фӀыр зыхуэдэр цӀыхухэм ирагъащӀэну.


Ауэ фэ тхьэмыщкӀэхэр зэфпэсакъым. Къулейхэракъэ фыдэзыкъузэр икӀи хеящӀэхэм я пащхьэм физышэр?


Зинэ щӀэным я нэ къыхуокӀ, гуэныхь щӀэнымкӀэ загъэнщӀын ялъэкӀыркъым. Тхьэм и гъуэгум быдэу темытхэр дашэх. Ягухэр нэпсеягъэм етащ. Абыхэм Тхьэм и ней къащыхуащ.


Щхьэхуитыныгъэу жыхуаӀэмкӀэ ягъэгугъэ, ауэ езыхэр кӀуэдыныгъэм и пщылӀщ, сыт хуэдэу щытми, тепщэныгъэ къыпхузиӀэм и пщылӀ ухъуащи.


Псом япэрауэ мыр фщӀэн хуейщ: Мы дунейм и иужьрей махуэхэм укӀытэ зимыӀэ щӀэнэкӀакӀуэхэр къэхутэнущ. Я хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм зэрашэу,


Ахэр зыкӀи мыарэзыуэ, тхьэусыхэ зэпытщ. Я хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм кърашэкӀыу мэпсэухэр. Я жьэм псалъэ дыгъэлхэм нэмыщӀ, къажьэдэкӀыркъым. ЦӀыхухэм я фӀагъ зрагъэкӀын щхьэкӀэ, абыхэм ящотхъу.


КъывжаӀар мыращ: Мы дунейм и иужьрей зэманым щӀэнэкӀакӀуэу зи мурад Ӏейхэм хуэпсэухэр къэхутэнущ.


Япэрей хьэщхьэвылъэм и сурэтым псэ хилъхьэну етӀуанэ хьэщхьэвылъэр хуит хъуащ. Апхуэдэу а сурэтыр къэпсэлъащ икӀи ар зыгъэлъэпӀэну зымыдэхэр яукӀыну а сурэтым унафэ ищӀащ.


А дамыгъэр темыдзамэ, зыми зыри ищэну икӀи къищэхуну хуиту щытакъым. А дамыгъэм хьэщхьэвылъэм и цӀэр е и цӀэм и бжыгъэр тетт.


сыту жыпӀэмэ цӀыху Ӏейхэм уэ уи цӀыху лъапӀэхэмрэ уи бегъымбархэмрэ я лъыр зэрагъэжам папщӀэ, лъы ебгъэфащ. Ар абыхэм яхуэфащэщ».


А цӀыхубзыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмрэ Хьисэ щыхьэт хуэхъуахэмрэ ялъкӀэ удэфауэ слъэгъуащ. А цӀыхубзыр щыслъагъум, ину згъэщӀэгъуащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan