Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 3:17 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

17 Тхьэм хуэлажьэ цӀыхур дэтхэнэ ӀуэхуфӀми хуэхьэзыру икӀи хуэгъэпсауэ щытынущ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 3:17
12 Iomraidhean Croise  

Иоппие къалэм ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхубз гуэр, Тавифэ и цӀэу, дэст. (Тавифэм къикӀыр «Мэз бжэнщ».) Абы фӀы куэд ищӀэрт, псапэ илэжь зэпытт.


Тхьэм гъунэ имыӀэу и нэфӀ ину къыфщыхуэн лъэкӀынущ. Апхуэдэу сыт хуэдэ лъэныкъуэкӀи сыт ищӀыскӀи фэ фызыхуэныкъуэр дапщэщи фиӀэнущ, сыт хуэдэ Ӏуэху дэгъуэм щхьэкӀи вгуэшынум нэхърэ нэхъыбэ фиӀэнущ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы дызэрыщытым хуэдэу дызыщӀар Тхьэращ. Мэссихь ди псэм щыщыну Тхьэм дыкъигъэщӀащ, Тхьэм къытхуигъэхьэзыра ӀуэхуфӀхэр длэжьын щхьэкӀэ.


Ауэ уэ, Тхьэм и цӀыху, а Ӏуэхухэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Щыпкъагъэр, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ, фӀэщхъуныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, теубыдагъэр, гущабагъэр уи гум зэрилъыным хущӀэкъу.


Зыгуэрым и гур игъэкъэбзэжу, мы Ӏуэху бзаджэхэм пэӀэщӀэ зищӀмэ, хьэкъущыкъуфӀ дыдэм хуэдэ хъунущ. А цӀыхур, Зиусхьэным и ӀэмыщӀэ зрилъхьауэ, и фӀагъ Зиусхьэным иригъэкӀыурэ, фӀыщӀагъэ псоми хуэхьэзыр хъунущ.


Тхьэр ящӀэу жаӀэ, арщхьэкӀэ ялэжь ӀуэхухэмкӀэ Тхьэр зэрамыщӀэр ӀупщӀу къагъэлъагъуэ. Ахэр цӀыху гущыкӀыгъуэщ, жыӀэмыдаӀуэщ, сыт и лъэныкъуэкӀи фӀагъ лъэпкъ къапыкӀыркъым.


Мэссихь и псэр дэр щхьэкӀэ итащ. И псэр щӀитар бзаджагъэ псоми дыхишыжу, ди щхьэхэр ищэхужын щхьэкӀэщ икӀи фӀы щӀэным дигурэ ди псэкӀи дыхэту, езым и лъэпкъ дыхъун папщӀэ, ди гур игъэкъэбзэжын щхьэкӀэщ.


Уи цӀыхухэм ягу къэгъэкӀыж Ӏэтащхьэхэмрэ тепщэныгъэ зиӀэхэмрэ яхуэӀурыщӀэн, едэӀуэн, фӀы щӀэн дэтхэнэми хуэхьэзырын зэрыхуейр.


Ди гум фӀылъагъуныгъэ илъыну, фӀы щӀэнми дыхэтыну дызэрыгъэгушхуэурэ дызэкӀэлъывгъэплъыж.


Тхьэр зыхуейр вгъэзэщӀэн щхьэкӀэ, фӀыуэ фызыхуэныкъуэр фи гум кърырелъхьэ. Тхьэм игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр Хьисэ Мэссихь и лъэкӀыныгъэкӀэ фрегъэгъэзащӀэ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зейр аращ. Ӏэмин.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan