Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 3:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 Тхьэм и псалъэ тха лъапӀэ псори Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀащ. ЦӀыхухэм щыпкъагъэр ебгъэщӀэнкӀи, уегиинкӀи, бгъэдэӀуэнкӀи, щыпкъагъэр зыхэлъ псэукӀэр ебгъэщӀэнкӀи щхьэпэщ а псалъэхэр.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 3:16
43 Iomraidhean Croise  

– Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэ дэтхэнэ торэт егъэджакӀуэ пашэри унэр зей гуэрым хуэдэщ. Абы и мылъку гъэтӀылъыпӀэм мылъкущӀи мылъкужьи кърех.


Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу зэрыхэтым феджакъэ? «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зытезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ. Мыр Зиусхьэным къыбгъэдэкӀ Ӏуэхущ, икӀи ар дэ тфӀэтелъыджэщ».


– Апхуэдэу щытмэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Даут и гум кърилъхьэу, Мэссихь теухуауэ «Си Зиусхьэн» жиӀэурэ къызэрыжригъэӀар дауэ къызэрыбгурыӀуэнур? – яжриӀащ Хьисэ. – Даут мыпхуэдэу жиӀакъэ:


Ауэ Тхьэм и псалъэу тхахэр дауэ пэж зэрыхъунур? Тхьэм и псалъэу тхахэм хэткъэ мыпхуэдэу зэрыхъун хуейр?


Ауэ мы псори къыщӀэхъуар бегъымбархэм ятхар пэж хъун щхьэкӀэщ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху псори, езыр утыкум къранэри, щӀэпхъуэжащ абы щӀыгъуэ.


– Тхьэм и псалъэ тхахэмрэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ зэрывмыщӀэракъэ фыщӀыщыуэр? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм езы Даут и гум кърилъхьэри, мыпхуэдэу къыжригъэӀакъэ: «Тхьэуэ Зиусхьэным сэ си Зиусхьэным къыжриӀащ: Уи бийхэр уи лъэгу къыщӀэзгъэувэху, си ижьырабгъумкӀэ къызбгъэдэтӀысхьэ»?


Апхуэдэу езым и псалъэхэр къызыхуэкӀуа цӀыхухэм «Фэ тхьэуэ фыщытщ», жиӀэри Тхьэм яжриӀащ.


Бзаджагъэ зылэжь дэтхэнэми нэхур илъагъу хъуркъым, илэжьа Ӏуэхухэри нахуэ мыхъун щхьэкӀэ, нэхум екӀуалӀэркъым.


– Си къуэшхэ, Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт псалъэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Даут пащтыхьым и гум кърилъхьэу, Иудэ зи цӀэм теухуауэ жригъэӀахэр пэж хъун хуеящ. А Иудэращ Хьисэ зыубыдахэм гъуэгур езыгъэлъэгъуар.


Зиусхьэным и гъуэгум теухуа хъыбарым фӀыуэ щыгъуазэт. Гурэ псэкӀэ къэпсалъэурэ, пэжыгъэм тету, Хьисэ и хъыбарыр цӀыхухэм яригъащӀэрт. Апхуэдэу щыт пэтми, умэхъын хабзэу Иуан зытепсэлъыхьу щытам нэмыщӀ, нэгъуэщӀ умэхъын хабзэ зэрыщыӀэр ищӀэртэкъым.


Зи сэбэп къывэкӀыну хъыбархэр вжесӀэным зэи пэӀэщӀэ зысмыщӀу, цӀыхухэм я пащхьэми фи унэхэми щыфхуэсӀуэтащ икӀи щывэзгъэщӀащ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр зыхуей псори фэзгъэщӀэным еш сымыщӀэу сыщӀэкъуащ сэ.


А журтхэр зэгурымыӀуэу, зэбгрыкӀыжыну щыхуежьэм, Паул мы псалъэхэр жиӀащ: – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи адэжьхэм ятеухуауэ щыпкъагъэр Ешайа бегъымбарым жригъэӀащ:


Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт псори щӀатхар щыпкъагъэр дагъэщӀэн щхьэкӀэщ. Тхьэм и псалъэ тхахэм шыӀэныгъэрэ гушхуэныгъэрэ диӀэ ягъэхъуурэ, Тхьэм ӀыхьэфӀыр къызэрытлъигъэсынум дыщагъэгугъ.


ЩӀэныгъэ зимыӀэхэр зыгъэӀущынур уэрауэ, ныбжьыщӀэми Ӏуэхухэр езыгъэщӀэнур уэрауэ уигугъэжщ.


Лъэныкъуэ псомкӀи фӀагъыу къыхэкӀыр куэду инщ. Япэрауэ, Тхьэм и псалъэхэр зыӀэщӀилъхьар журтхэр арщ.


«Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащ» жыхуаӀэ псалъэхэр зытеухуар Ибрэхьим и закъуэкъым,


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм дэтхэнэ зыми зэхуэмыдэу закърегъэлъагъу, и фӀагъ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми яригъэкӀын щхьэкӀэ.


Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ хамэ лъэпкъхэм ящыщхэми езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм абыхэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнур. Апхуэдэу щыхъукӀэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ,* Тхьэм Ибрэхьим хъыбарыфӀыр къызэрыжриӀар, «Лъэпкъ псоми си нэфӀ ящыхуэнущ уэ уи хьэтыркӀэ», жиӀэурэ.


Езым къыпэувхэм гущабагъэкӀэ ягуригъэӀуэн хуейщ. Щыпкъагъэр ящӀэн щхьэкӀэ, Тхьэм ахэри щӀригъэгъуэжынкӀи хъунущ.


Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм егъащӀэ, игъуэу щыщытми щыщымытми ахэр ебгъэщӀэным хэт. ЯгурыгъаӀуэ, егъэдэӀуэ, ущий, шыӀэныгъэ псомкӀи щыпкъагъэр егъащӀэ.


ФӀэщхъуныгъэр зищӀысыр – дызыщыгугъыу, дызыпэплъэ Ӏуэхухэр зэрыдгъуэтынур тщӀэныр арщ икӀи Ӏуэху нэрымылъагъухэм ди дзыхь едгъэзыныр арщ.


Аращи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм зэрыжиӀэм хуэдэу: «Нобэ Тхьэм и макъыр зэхэфхмэ,


Тхьэм и псалъэхэм гъащӀэшхуэмрэ лъэкӀыныгъэшхуэмрэ яхэлъщ. Ахэр Тхьэм и бгъуитӀымкӀэ джатэ жанэм нэхърэ нэхъ жаныжщ. Псэри, гури, къупщхьэри, куцӀри зэхагъэкӀыу цӀыхум и гущӀэлъапсэм нэсыху пхрокӀ. ЦӀыхум и гупсысэхэри и мурадхэри зэхаху.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan