Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 3:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр15 Абы нэмыщӀ, уи сабиигъуэм къыщыщӀэдзауэ Тхьэм и псалъэ тха лъапӀэхэм хэтыр зэбгъэщӀащ. Мэссихь ХьисэкӀэ уиӀэ фӀэщхъуныгъэмкӀэ умыкӀуэду укъызэрелынур а тхылъхэм къыбгурагъэӀуэн ялъокӀ. Faic an caibideil |
Абы щыгъуэ згъэлъэпӀэну мелыӀычым и лъакъуэхэм я деж зездзыхащ. Ауэ абы къызжиӀащ: – Апхуэдэу умыщӀ. Уэрэ уи къуэшу Хьисэ щыхьэт хуэхъухэмрэ сывигъусэу сэри Тхьэм сыхуолажьэ. Тхьэращ бгъэлъэпӀэн хуейр. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэхэр бегъымбархэм я гум кърилъхьэу къащӀыжригъэӀар абыхэм Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр къыжаӀэн щхьэкӀэщ.