14 Уэ зэбгъэщӀа, узыщыгугъ Ӏуэхухэм сыт щыгъуи тет, ахэр зэхозыгъэщӀыкӀа цӀыхухэр уощӀэри.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм зы махуэ игъэуващ. Езым къигъэлъэгъуа лӀым дунейм и цӀыху псоми хьэкум захуэ ятригъэщӀыхьынущ а махуэм. Апхуэдэу зэрыхъунур Тхьэм цӀыху псоми ягуригъэӀуащ а лӀыр лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжурэ.
Зы цӀыхум махуэ гуэр нэхъ егъэлъапӀэ, адрей цӀыхум махуэ псори и зэхуэдэщ. Хэти и гум зэрыжиӀэм тету псэун хуейщ.
Хуабжьу сыщӀэлажьэр а цӀыхухэр згъэгушхуэн, фӀылъагъуныгъэкӀэ зэнэзэпсэ сщӀын щхьэкӀэщ. Апхуэдэу Тхьэм и щэхуу Мэссихьыр къащӀэн щхьэкӀэ, уасэшхуэ зиӀэ зэхэщӀыкӀ нэсауэ яӀэ хъунущ.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хъыбарыфӀыр къызэрыфлъэдгъэӀэсар псалъэ къудейкъым, атӀэ къарукӀи Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи хъыбарыфӀыр къыфлъэдгъэӀэсащ, нэгъэсауэ ар фи фӀэщ дгъэхъуащ. Дыщыфхэтым, ди фӀагъ фэдгъэкӀыу дызэрыфхущытар фощӀэ.
Тхьэм фӀыщӀэ зэпымыууэ худощӀ. Тхьэм и псалъэхэр щыфлъэдгъэӀэсам, цӀыхухэм я псалъэхэм хуэмыдэу, атӀэ Тхьэм и псалъэхэм хуэдэу фщтащ, ипэжыпӀэкӀи Тхьэм и псалъэщ ахэр. А псалъэхэр фэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, фи гум илъщи, ӀуэхуфӀ фи гум щалэжь.
Зыхуэсакъыж, цӀыхухэм ебгъащӀэ Ӏуэхухэми яхуэсакъ. А Ӏуэхухэм уи нэӀэ сыт щыгъуи ятегъэт. Апхуэдэу пщӀэмэ, къодаӀуэ цӀыхухэр мыкӀуэду къебгъэлынущ, уэ уи щхьэри мыкӀуэду къебгъэлынущ.
Мэссихь Хьисэ уи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ уиӀэу, сэ къыжысӀэу зэхэпха, узыщыгугъ хъуну псалъэхэр иригъуазэ абыхэм уатемыкӀ.
Щыхьэт Ӏэджэм я пащхьэм сэ щыжысӀэу зэхэпха Ӏуэхухэр узыщыгугъ хъун цӀыхуу нэгъуэщӀхэм ахэр езыгъэщӀэн зылъэкӀынухэм, я пщэм дэлъхьэ.
Абы нэмыщӀ, уи сабиигъуэм къыщыщӀэдзауэ Тхьэм и псалъэ тха лъапӀэхэм хэтыр зэбгъэщӀащ. Мэссихь ХьисэкӀэ уиӀэ фӀэщхъуныгъэмкӀэ умыкӀуэду укъызэрелынур а тхылъхэм къыбгурагъэӀуэн ялъокӀ.
Ӏуэху пэжу фэдгъэщӀахэм быдэу тетын хуейщ. Апхуэдэмэ, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, дызыщыгугъ хъуну ӀуэхухэмкӀэ цӀыхухэр игъэгушхуэн лъэкӀынущ абы, а Ӏуэхухэм пэув цӀыхухэми зэрымызахуэр ягуригъэӀуэн лъэкӀынущ.
Аращи, Хьисэ и лъыр ди гум триутхэу, дигукӀэ мыхъумыщӀэ зыри зыдэдмыщӀэжыну зэригъэкъэбзэжам щхьэкӀи, дипкъхэр псы къабзэкӀэ зэрыттхьэщӀам щхьэкӀи, ди гум щыпкъагъэрэ фӀэщхъуныгъэшхуэрэ илъу, Тхьэм пэгъунэгъу дывгъэхъу.
Фызыщыгугъыу фызыпэплъэ Ӏуэхухэр вгъуэтын щхьэкӀэ, фэ фщыщ дэтхэнэри игукӀи и псэкӀи Тхьэм и Ӏуэхум и кӀэм нэсыху емышу хущӀэкъуну дыхуейщ.