Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 3:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 ЦӀыху бзаджэхэми гъэпцӀакӀуэхэми я бзаджагъэм хагъэхъуэнущ; абыхэм нэгъуэщӀ цӀыхухэр дахьэх, езыхэми я щхьэр къагъэпцӀэж.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 3:13
15 Iomraidhean Croise  

цӀыхухэм щӀыхь къытхуащӀми, къытхуамыщӀми, ӀейкӀэ къыттепсэлъыхьми, къытщытхъуми, Тхьэм дызэрэхуэлажьэр догъэлъагъуэ; цӀыхухэр дгъэгъуащэу далъытэ, ауэ щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу дыщытщ;


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ӀупщӀу къыжеӀэ дунейм и иужьрей лъэхъэнэхэм цӀыху куэд фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум зэрытекӀыжыпэнур. ЦӀыхухэр дезыгъэхьэх жинхэми, жин бзаджэхэм цӀыхухэм ирагъащӀэ Ӏуэхухэми едэӀуэнущ.


Ианнийрэ Иамврийрэ Мусэ бегъымбарым зэрыпэувам хуэдэу, мы цӀыхухэри щыпкъагъэм поув. Ахэр зи акъыл ныкъуэ цӀыхущ, фӀагъ къызыпымыкӀ фӀэщхъуныгъэщ яӀэр.


ЗэхэщӀыкӀ димыӀэу, Тхьэм демыдаӀуэу дыпсэууэ щытащ дэри. Дыгъуэщауэ щытащ, ди гур зыщӀэхъуэпса Ӏуэху мыхъумыщӀэ куэдымрэ дызыгъатхъа Ӏуэху мыхъумыщӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэмрэ драпщылӀащ. Бзаджагъэрэ фыгъуэныгъэкӀэ дыпсэууэ, гущыкӀыгъуэу, дызэрылъагъу мыхъуу щытащ.


А цӀыхухэм ди Зиусхьэну икӀи дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь зэрацӀыхуамкӀэ дунейм и бзаджагъэ фӀейм пэӀэщэ защӀауэ, ауэ итӀанэ бзаджагъэм зрагъэубыдыжмэ, ар зытрагъэкӀуэжурэ, икӀэм-икӀэжым абыхэм я Ӏуэхур япэм нэхърэ нэхъ Ӏей мэхъу.


Псом япэрауэ мыр фщӀэн хуейщ: Мы дунейм и иужьрей махуэхэм укӀытэ зимыӀэ щӀэнэкӀакӀуэхэр къэхутэнущ. Я хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм зэрашэу,


Благъуэжь абрагъуэр щӀылъэм кърадзыхащ – иблису икӀи шейтӀану жыхуаӀэ блэжьу щӀылъэм тет цӀыху псори дэзыщэхыр аращ. Ари абы и мелыӀычхэри щӀылъэм кърадзыхащ.


Япэрей хьэщхьэвылъэм и пащхьэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къыщигъэлъэгъуэну етӀуанэ хьэщхьэвылъэр хуит зэрыхъуамкӀэ щӀылъэм тет цӀыхухэр дищэхащ. ЕтӀуанэ хьэщхьэвылъэм щӀылъэм тет цӀыхухэм яжриӀащ япэрей хьэщхьэвылъэу, джатэ уӀэгъэ телъ пэтми, псэууэ щытыр ягъэлъэпӀэн щхьэкӀэ, сурэт хуащӀыну.


Уэздыгъэ нэхуи а къалэшхуэм щыблэжынукъым. Щауэмрэ нысащӀэмрэ я макъхэри абы щызэхахыжынукъым. А къалэшхуэм и сатуущӀэхэр мы дунейм и цӀыху инхэм ящыщащ. И удыгъэмкӀэ а къалэшхуэм лъэпкъ псори щигъауэрт.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan