Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 3:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 Антиохие, Иконие, Листрэ къалэхэм цӀыхухэм щызагъэшэча гугъуехьри, гугъуехь куэд зэрыщысшэчари уощӀэ. Гугъуехьышхуэхэр сагъэшэчащ, ауэ Зиусхьэным а псоми сакъыхихыжащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 3:11
43 Iomraidhean Croise  

сыт хуэдэ мыгъуагъэми сыкъыӀэщӀэзых мелыӀычым и нэфӀ къащрехуэ мы сабийхэм; мы сабийхэм я хьэтыркӀэ цӀыхухэм ягу кърекӀыж сэ си цӀэмрэ си адэхэу Ибрэхьимрэ Исхьэкърэ я цӀэхэмрэ; мы щӀылъэм щребагъуэ ахэр, щрехъу куэд дыдэ.


Сэ сызыгъэбий хьилэшыхэр си насыпыншагъэ щремыгуфӀыкӀ, сыхьэкъыншэу си жагъуэгъухэр си тхьэмыщкӀагъэм иремыгъэгуфӀэ.


Зиусхьэн унэшхуэм щыхаса жыгхэм хуэдэу, ди Тхьэм и унэшхуэ пщӀантӀэм къыщощхьэлъэ.


Адрей лӀитӀыр Пергие къалэм блэкӀри Писидие хэкум щыщ Антиохие къалэм нэсащ. Щэбэт махуэм* синэгуэгум щӀыхьэри тӀысащ.


Ауэ журтхэм цӀыхубэр щалъагъум, фыгъуэныр я гум къихьэри, хущӀэджэурэ, Паул жиӀар ямыдэу къэуващ.


Листрэ къалэм лӀы ныкъуэдыкъуэ гуэр дэсащ. Абы и лъакъуэхэр къыщӀэувэртэкъым, къызэралъхурэ, игъащӀэм земыкӀуауэ абдежым щыст.


Пагагъэ лъэпкъ сигу имылърэ, си гур куэдрэ къигъыкӀыу, журтхэм щэхуу щӀэпхъаджагъэу къыскӀэлъызэрахьэну я гум илъу щытамкӀэ хьэзаб куэд сагъэшэчурэ, Зиусхьэным сыхуэлэжьащ.


Хуабжьу зэщыхьати, Паул зэпкъратхъынкӀэ дзэпщыр шынэри, абдеж Ӏуашу быдапӀэм яшэну зауэлӀхэм унафэ яхуищӀащ.


Уэ уи лъэпкъымрэ узыхуэзгъэкӀуэну хамэхэмрэ уакъыӀэщӀэсхыжынущ.


ИтӀани нобэр къыздэсым Тхьэр дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъуурэ, цӀыкӀуми инми я пащхьэм щыпкъагъэм щыхьэт сыщытохъуэ. Бегъымбархэмрэ Мусэ бегъымбарымрэ къэхъун хуейуэ жыхуаӀа Ӏуэхухэм фӀэкӀа сытепсэлъыхьыркъым:


Сэ абы езгъэлъагъунущ си цӀэм щхьэкӀэ гугъуехьу ишэчын хуейр зыхуэдизыр.


Иудей хэкум ису фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм Тхьэм сащихъумэнуи, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Ерусалим дэсхэм дэӀэпыкъуэгъу зэрахуэхъун ахъшэу яхуэсхьынур гуапэ ящыхъунуи Тхьэм фелъэӀу.


Мэссихь ишэча гугъуехьхэм ди Ӏыхьи куэду зэрыхэлъым хуэдэу, Мэссихь ди псэм щыщщи, Тхьэм дигу икъукӀэ егъэзагъэ.


Куэду дыфщогугъ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ тшэч гугъуехьхэм фэ фи Ӏыхьи зэрыхэлъым хуэдэу, Тхьэм дигу зэригъэзагъэм хуэдэу, фэри фигу зэригъэзэгъэнур дощӀэри.


Аращи, Мэссихь сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэкӀыныгъэ симыӀэми, къысхущӀэджэми, гугъуехь сшэчми, гугъуехь сагъэшэчми, гукъеуэ сиӀэми, согуфӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъэкӀыныгъэ симыӀэ щыхъукӀэ, лъэкӀыныгъэ нэхъ согъуэт.


ХъыбарыфӀым фӀыуэ сыхущӀэкъуащ, къэзжынур къэзжащ, фӀэщхъуныгъэр схъумащ.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъхэм я щыпкъагъэр гъэунэхуа щыхъукӀэ, Тхьэм ахэр къиным къызэрыхишыжыну щӀыкӀэр ещӀэ. Щыпкъагъэ зигу имылъхэми я бзаджагъэр яригъэпшыныжын щхьэкӀэ, къемэтмахуэм нэсыху къызэрихъумэну щӀыкӀэри ещӀэ абы,


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan