9 гугъуехь зыхуэсшэчу, бзаджащӀэм хуэдэу Ӏэпхлъэпх къысщӀралъхьар. Ауэ Тхьэм и псалъэхэм Ӏэпхлъэпх иралъхьэн ялъэкӀынукъым.
Хьисэ щӀыгъуу жорхэм ираӀулӀыну бзэджащӀитӀ дашащ.
Арати, дзэпщыр зауэлӀхэм ябгъэдыхьэри, Паул яригъэубыдащ. Абы гъущӀ Ӏэхъулъэхъу иралъхьэну унафэ яхуищӀащ. ЦӀыхухэм еупщӀащ итӀанэ: – Мыр хэт? Сыт ищӀар?
Къыпэрыуэ лъэпкъ щымыӀэу, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыр Паул цӀыхухэм яхуиӀуатэрт, Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь теухуа хъыбархэри тегушхуауэ цӀыхухэм яригъащӀэрт.
Сэ абы езгъэлъагъунущ си цӀэм щхьэкӀэ гугъуехьу ишэчын хуейр зыхуэдизыр.
Абы щхьэкӀэ сэ, Паул, Мэссихь Хьисэ сыхуэлажьэурэ, фэ хамэ лъэпкъхэм хъыбарыфӀыр зэрывэзгъащӀэм щхьэкӀэ лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсщ.
Адрейхэм, я гум фӀылъагъуныгъэ зэрилъым къыхэкӀкӀэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм хуаӀуатэ. Мэссихь и хъыбарыфӀым пэувхэм жэуап естыжыну Тхьэм сызэригъэувар ящӀэ.
Апхуэдэу фэ псоми щхьэкӀэ сызэрыгупсысэр тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ӏэпхлъэпх сащӀауэ щытми, хъыбарыфӀым пэувхэм жэуап щесткӀи, хъыбарыфӀым и щыпкъагъэр къыщызгъэлъагъуэкӀи, си псэм сыт щыгъуи фыщыщщ фэ псори – си гъусэу Тхьэм и нэфӀ зыщыхуа цӀыхухэр.
Сэ, Паул, мы фӀэхъус псалъэхэр си ӀэкӀэ сотх. Мы Ӏэхъулъэхъу сызыӀыгъхэр зыщывмыгъэгъупщэ. Мэссихь и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.
Тхьэм дэри фытхуелъэӀу. Мэссихь теухуа Ӏуэху щэхухэр цӀыхухэм едгъэщӀэн папщӀэ, хъыбарыфӀым щхьэкӀэ бжэр къытхузэӀуихыну Тхьэм фелъэӀу. А хъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрезгъащӀэращ лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀыщӀэсыр.
Зиусхьэным теухуа хъыбарыфӀыр фи деж икӀыурэ здынэсар Македоние, Ахаие хэкухэм я закъуэкъым, атӀэ ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъуам и хъыбарыр цӀыхухэм дэнэкӀи щащӀэ хъуащ. Аращи, а Ӏуэхум теухуауэ абы нэхърэ нэхъыбэ цӀыхухэм щӀажетӀэн щыӀэкъым,
ИкӀэм-икӀэжым, ди къуэшхэ, фи деж зэрыщыхъуам хуэдэу, Зиусхьэным и хъыбарыфӀыр дэнэкӀи цӀыхухэм ялъэӀэсыну икӀи цӀыхухэм а хъыбарыфӀым щӀыхь хуащӀыну Тхьэм фелъэӀу.
Аращ мы гугъуехьыр щӀэсшэчыр, ауэ сыдзыхэркъым, фӀэщхъуныгъэ зыхузиӀэ Хьисэ Мэссихь сощӀэ, езыми си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум а махуэм нэсыху ар къыхуэсакъын зэрылъэкӀынум сыщогугъри.
Онесифор и унагъуэм гущӀэгъу къыхурещӀ Зиусхьэным, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы си гур куэдрэ игъэзэгъащ, Ӏэпхлъэпх сыщащӀами и щӀыб кэысхуигъэзэжакъым.
Ди Зиусхьэным умыдзыхэу щыхьэт хуэхъу. Сэри абы сызэрыхуэлажьэм къыхэкӀкӀэ, лъэхъуэщым сызэрыщӀадзам папщӀэ емыкӀу сыкъыумыщӀ, хъыбырыфӀым щхьэкӀэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ гугъуехь къыздэшэч.
Хьисэ Мэссихь и зауэлӀыфӀым хуэдэу гугъуехь къыздэшэч.
Хамэ псоми зэхахын щхьэкӀэ, езым и хъыбарыфӀ псори яхуэсӀуэтэну Зиусхьэныр къызбгъэдыхьэри къару къызитащ. Аслъэным и жьэм сыкъыжьэдихыжам хуэдэщ ар.
Тхьэр зымыщӀэхэм я пащхьэм тэрэзу фыщыпсэу. «Мы цӀыхухэр бзаджащӀэхэщ», жаӀэурэ ӀейкӀэ къыфтепсэлъыхь пэтми, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъунурэ, Тхьэр абыхэм къащыхэплъэну махуэм Тхьэм щӀыхьыр хуащӀынущ.
бзаджащӀэхэм тезыр ятезылъхьэну, фӀы зыщӀэхэми ящытхъуну пащтыхьым къигъэкӀуа Ӏэтащхьэхэрами, абыхэми фахуэӀурыщӀэ.
МыхъумыщӀэ лъэпкъ зыдэвмыщӀэжу фигухэр къабзэу щывгъэт, Мэссихь зи гум илъхэм яхуэфащэу фи псэукӀэ тэрэзым къыщӀэнакӀэхэр жаӀахэмкӀэ укӀытэжын щхьэкӀэ.
Фщыщ гуэрым гугъуехь ишэч хъумэ, щӀишэчыр е цӀыху укӀынкӀэ, е дыгъуэнкӀэ, е бзаджэщӀагъэкӀэ, е и Ӏуэху зыхэмылъым зэрыхэӀэбэм къыхэкӀу иремыхъу.