Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 2:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 Хьисэ Мэссихь уигу къэгъэкӀыж; ар Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщщ, Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Аращ цӀыхухэм езгъащӀэ хъыбарыфӀу,

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 2:8
18 Iomraidhean Croise  

Даут и къуэмрэ Ибрэхьим и къуэмрэ къызыхэкӀа лъэпкъым щыщ Хьисэ Мэссихь и хъыбарщ мыр.


къажриӀащ: – Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: Мэссихь гугъуехь ишэчын, лӀэуэ ещанэ махуэм лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ.


А лӀым къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу, израил цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр Хьисэщ; Тхьэм ар абыхэм къахуигъэкӀуащ, я адэжьхэр къызэригъэгугъам тету.


Ауэ Тхьэм ар лӀэныгъэм и гугъуехь шэчыным хишыжри, лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ажалыр абы пэлъэщакъым.


Даут бегъымбару щытащ, абы ищӀэрт езым къытехъукӀыну цӀыхухэм ящыщу Мэссихьыр езы Даут и пащтыхь тахътэм тригъэтӀысхьэну Тхьэм псалъэ быдэкӀэ къызэригъэгугъар.


А Ӏуэхур апхуэдэу зэрыщытыр нахуэ хъунущ сэ цӀыхухэм яхуэсӀуатэ хъыбарыфӀым теухуауэ. Ар нахуэ щыхъунур Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм цӀыхухэм я гум илъ щэхухэм хьэкум щатрищӀыхьыну махуэрщ.


ФэзгъэщӀа хъыбарыфӀыр фи гум къэзгъэкӀыжыну сыхуейщ. А хъыбарыфӀыр вдауэ, фи фӀэщу абы фытетщ.


Кхъэлэгъунэм щӀалъхьэжащ, ауэ ещанэ махуэм ар Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ, Тхьэм и псалъэ тхахэм тету.


Тхьэм и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъызэрыхуриджар дэ фэдгъэщӀа хъыбарыфӀыр арщ. Апхуэдэу, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и щӀыхьышхуэмкӀэ Ӏыхьэ къыфлъысынущ.


Аращ Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм ялъэзгъэӀэсыну икӀи апостол сыхъуну Тхьэм сыщӀигъэувар: фӀэщхъуныгъэмрэ щыпкъагъэмрэ я хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ялъэзгъэӀэсыну арщ – пэжыр къыжызоӀэ, пцӀы лъэпкъ хэмылъу.


Ди Зиусхьэным умыдзыхэу щыхьэт хуэхъу. Сэри абы сызэрыхуэлажьэм къыхэкӀкӀэ, лъэхъуэщым сызэрыщӀадзам папщӀэ емыкӀу сыкъыумыщӀ, хъыбырыфӀым щхьэкӀэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ гугъуехь къыздэшэч.


Сэ жысӀэм егупсыс. Зиусхьэным Ӏуэху псомкӀи зэхэщӀыкӀ къуитынущ.


Тхьэмадэ нэхъыжьхэм ящыщ гуэрым къызжиӀащ: «Умыгъ, моуэ къэдаӀуэ! Иудэ унагъуэ лъэпкъым щыщу аслъэнкӀэ зэджэу, Даут пащтыхьым къытехъукӀа бын лъапӀэм текӀуэныгъэр къихьащ. Мыхъуриблыр тричын, тхылъри зэгуихын лъэкӀынущ абы».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan