7 Сэ жысӀэм егупсыс. Зиусхьэным Ӏуэху псомкӀи зэхэщӀыкӀ къуитынущ.
ЩӀыгум и къуапэхэм щыпсэу цӀыхухэм ягъэщӀагъуэ уи Ӏуэху лъэщхэр. Дыгъэ къуэкӀыпӀэмкӀи дыгъэ къухьэпӀэмкӀи гуфӀэгъуэ макъышхуэ щыбогъэӀу.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къывэныкъуэкъухэр къыфпэувыжынуи къыфпэпсэлъэжынуи ялъэмыкӀын щхьэкӀэ, псалъэ Ӏущхэр фӀурыслъхьэнущ, акъылыфӀагъи фэстынущ.
ИтӀанэ Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтхэр ягуригъаӀуэурэ,
– Мы псалъэхэр фигу ивгъэлъ: ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр цӀыхухэм яӀэщӀыхьэнущ.
Ауэ фэ фи гукъеяуэр Фщхьэщызыхыжыр – ар Тхьэм и Псэ ЛъапӀэрщ, – Адэ лъапӀэм си цӀэкӀэ къыфхуригъэхынущ. Абы псори фигъэщӀэнущ икӀи сэ нывжесӀа псори фигу къигъэкӀыжынущ.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъащӀэр къыщыкӀуэкӀэ, щыпкъагъэ псори зэхывигъэщӀыкӀынущ. Езыр-езыру зыри жиӀэнукъым, Тхьэм жиӀэу зэхихыращ жиӀэнур, къэхъункъэщӀэнухэри къыфхуиӀуэтэнущ.
ар гугъуехь псоми къыхишыжащ. Тхьэм Исуф акъылыфӀагъэ къритри, Мысырым и пащтыхь Фирхьэун зи цӀэм и нэфӀ къыщригъэхуащ. Фирхьэуным Мысырри езым и сэрейри зэрихьэну Исуф ӀэщӀилъхьащ.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, акъылыфӀагъэ зыхэлъ псалъэхэр жиӀэну зы цӀыхум лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм тету, щӀэныгъэ зиӀэ псалъэхэр жиӀэну лъэкӀыныгъэ кърет;
ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, сытыр щыпкъэми, сытым щӀыхь хуэфащэми, сытыр захуагъэми, сытыр къабзагъэми, сытыр гурыхьми, сытыр гуапагъэми, сытыр хабзэфӀми, сытым щӀыхь хуэфащэми – абы фегупсыс.
Аращи, фи хъыбарыр щызэхэтха махуэм щыщӀэдзауэ, Тхьэм дыфхуелъэӀуныр зэпыдгъэуакъым. Тхьэр зыхуейр нэсауэ къывгуригъэӀуэнуи, и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ акъылыфӀагъэ псори гурыӀуэныгъэ псори фиӀэнуи долъэӀу.
Мы Ӏуэхухэм я ужь ит, ар япэ зэрибгъэщыр цӀыху псоми нахуэ ящыхъун щхьэкӀэ, плъэкӀ къыумыгъанэ.
Ӏуэху гугъу зыщӀэ мэкъумэшыщӀэм гъавэу кърахьэлӀэжам щыщ и Ӏыхьэр япэ къратын хуейщ.
Хьисэ Мэссихь уигу къэгъэкӀыж; ар Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщщ, Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Аращ цӀыхухэм езгъащӀэ хъыбарыфӀу,
Фемышын икӀи фи гур фымыгъэныкъуэн щхьэкӀэ, Хьисэ Мэссихь фегупсыс. Езыр жагъуэу зылъагъу гуэныхьыщӀэ цӀыхухэм сыту гугъуехьышхуэ ирагъэшэча!
Тхьэм и псалъэхэр къывжезыӀа фи унафэщӀ къушхэр зыщывмыгъэгъупщэ. Дунейм зэрехыжами феплъи, я фӀэщхъуныгъэм и лъэужьым фрикӀуэ.
Си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и бын фыхъуну фэри фыкъыхуриджащ. Аращи, ди фӀэщхъуныгъэм и дин пашэшхуэ хъун щхьэкӀэ Тхьэм къытхуигъэкӀуа Хьисэ фегупсыс.
Мелхиседек зэрыиным феплъ: Ди адэшхуэ Ибрэхьим зауэм къыхиха мылъкум и Ӏыхьэ пщӀанэр абы иритащ.
Ауэ фэ фщыщ гуэрым и акъылыфӀагъэ хуримыкъумэ, Тхьэм ирелъэӀу, абы акъылыфӀагъэ къритынущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зыри имыгъэкъуаншэу, и гуапэу Тхьэм цӀыху псоми фӀы яхуещӀэ.
Апхуэдэ акъылыфӀагъэ уафэм къехыркъым, ар мы дунейм щыщщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри апхуэдэ акъылыфӀагъэм хэлъкъым, абы хэлъыр жин бзаджэхэрщ.
Ауэ уафэм къикӀ акъылыфӀагъэр, япэрауэ къабзэщ, итӀанэ зэкӀужыныгъэ хэлъщ, гущабэщ, ӀурыщӀэщ, гущӀэгъу хэлъ зэпытщ, фӀы ищӀэ зэпытщ, захуэщ, гъэпцӀагъи хэлъкъым.
Тхьэм и Къуэр къакӀуэу, Тхьэ пэжыр тщӀэну зэхэщӀыкӀ къызэрыдитари дощӀэ. Щыпкъагъэр Зигу Илъыр ди псэм щыщщ – Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьыр арщ. Ар Тхьэ щыпкъэу щытщ икӀи цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езытыр аращ.