4 Дзэм емыпха Ӏуэхугъуэхэм зауэлӀым зыдригъэхьэхыркъым – дзэ пашэм и гум зригъэхьыну хуейщ.
НэгъуэщӀ цӀыху гупыр банэхэм яхэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыххэр, ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэмкӀи, беягъэмкӀи, гъащӀэм и тхъэгъуэхэмкӀи хуэм-хуэмурэ зрагъэтхьэлэ. Абыхэми фӀыгъуэ къапыкӀыркъым.
Аращи, пкъым дыхэлъми дыхэмылъми, Зиусхьэным и гум дызэрырихьыным и ужь дитщ.
Аращи, Мэссихь къывита щхьэхуитыныгъэм быдэу фытет, пщылӀыгъэм и бжьыр цӀыхухэм аргуэру зытревмыгъэлъхьэж.
Ауэ Тхьэм а Ӏуэхур дгъэзэщӀэну къытхуигъэфащэу, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм едгъэщӀэну ди пщэм къызэрыдилъхьам щхьэкӀэ а хъыбарыфӀыр доӀуэтэж. ЦӀыхухэм ягу зредгъэхьыну дыхэткъым, Тхьэуэ ди гум и щыпкъагъэр зыгъэунэхум игу зредгъэхьыну арщ дызыхэтыр.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Димас мы дунейр фӀыуэ илъэгъуати, сэ сыкъигъанэри, Фессалоникэ къалэм кӀуащ. Крискент Галатие хэкум кӀуащ, Тити Далмацие хэкум кӀуащ. Си деж къэнар Лука закъуэщ.
А цӀыхухэм ди Зиусхьэну икӀи дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь зэрацӀыхуамкӀэ дунейм и бзаджагъэ фӀейм пэӀэщэ защӀауэ, ауэ итӀанэ бзаджагъэм зрагъэубыдыжмэ, ар зытрагъэкӀуэжурэ, икӀэм-икӀэжым абыхэм я Ӏуэхур япэм нэхърэ нэхъ Ӏей мэхъу.