Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 2:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ псалъэ мышыухэм пэӀэщӀэ зыщӀ, апхуэдэхэм яхэтхэр Тхьэм нэхъ пэжыжьэ хъу зэпытщи.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 2:16
19 Iomraidhean Croise  

Аращи, цӀыхухэм зыкъевмыгъэгъапцӀэ: Ныбжьэгъу Ӏейхэм цӀыху щэныфӀэр ягъэкӀуэд.


Фызэрызыщытхъужыр фӀыкъым. Пщагъэ тӀэкӀум тхьэвыр зэрыщыту зэригъэфӀэӀур фщӀэркъэ?


Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм щхьэкӀэ хабзэр зэрамыгъэувар дощӀэ, хабзэр зыхуагъэувахэр мыхэращ: Хабзэм текӀхэмрэ хабзэм пэувхэмрэ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъхэр, гуэныхь зыщӀэхэр, зи гур мыкъабзэхэр, Тхьэр зымыгъэлъапӀэхэр, адэ-анэхэр зыукӀыжхэр, лӀыукӀхэр,


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ фыз хъыбархэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ уи гум зэрилъыным хущӀэкъу.


Уэ, Тимофей, Тхьэм уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум хуэсакъ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ псалъэ мышыухэмрэ щӀэныгъэ нэпцӀ зыхэлъ пэпсэлъэнымрэ пэӀэщӀэ зыщӀ.


А Ӏуэхухэр ягу къэгъэкӀыж. Псалъэ зэпаубыдурэ зэмыдэуэну Зиусхьэным и пащхьэм лъэщу щагурыгъаӀуэ. Зэдэуэныгъэм фӀы къыдэкӀуэркъым, абы едаӀуэхэм я зэранщ къахухэкӀыр.


Зыгуэрым и гур игъэкъэбзэжу, мы Ӏуэху бзаджэхэм пэӀэщӀэ зищӀмэ, хьэкъущыкъуфӀ дыдэм хуэдэ хъунущ. А цӀыхур, Зиусхьэным и ӀэмыщӀэ зрилъхьауэ, и фӀагъ Зиусхьэным иригъэкӀыурэ, фӀыщӀагъэ псоми хуэхьэзыр хъунущ.


ЦӀыху бзаджэхэми гъэпцӀакӀуэхэми я бзаджагъэм хагъэхъуэнущ; абыхэм нэгъуэщӀ цӀыхухэр дахьэх, езыхэми я щхьэр къагъэпцӀэж.


Абыхэм я жьэр ебгъэубыдын хуейщ. ЦӀыхухэм ирамыгъэджапхъэ Ӏуэхухэм ирагъаджэурэ, напэншагъэкӀэ ахъшэкӀэ нэпсейуэ, унагъуэхэр зэрыунагъуэу ягъэунэхъу.


икӀи журтхэм я шыпсэхэми, щыпкъагъэм зи щӀыбагъыр хуэзыгъэзахэм я унафэхэми емыдэӀуэн зэрыхуейр.


ПщӀэ зимыӀэ зэдэуэным, лъэпкъ зэтепщӀыкӀхэм, Торэт хабзэм теухуа зэгурымыӀуэными зэщыхьэными защыхъумэ, апхуэдэ Ӏуэхухэм фӀагъ лъэпкъ къадэкӀуэркъым, пщӀэи яӀэкъыми.


Фэ фщыщ зыми Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм зэрызыхимыгъэныным фыхуэсакъ. Зи зэран къакӀуэ лъабжьэ дыджу, цӀыху куэдыр зыгъэуфӀейр къыфхремыкӀ.


Абыхэм пагагъэ зыхэлъ псалъэхэмрэ пщӀэ зимыӀэ псалъэхэмрэ къыжаӀэурэ, гъуэгу пхэнжым гъуэщауэ тетхэм къаӀэщӀэкӀыжыну хуежьа цӀыхухэр дашэх. Ахэр зэрыдашэх щӀыкӀэр мыращ: цӀыхум и гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэр ялэжьынэуи мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратынуи ягъэгушхуэ ахэр.


Абыхэм я мыхъумыщӀэ псэукӀэм и гъуэгум цӀыху куэд техьэнущ, щыпкъагъэм и гъуэгуми цӀыху куэд хуагъэхъущӀэнущ.


Япэрей хьэщхьэвылъэм и пащхьэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къыщигъэлъэгъуэну етӀуанэ хьэщхьэвылъэр хуит зэрыхъуамкӀэ щӀылъэм тет цӀыхухэр дищэхащ. ЕтӀуанэ хьэщхьэвылъэм щӀылъэм тет цӀыхухэм яжриӀащ япэрей хьэщхьэвылъэу, джатэ уӀэгъэ телъ пэтми, псэууэ щытыр ягъэлъэпӀэн щхьэкӀэ, сурэт хуащӀыну.


Хьэщхьэвылъэм и щхьэхэм ящыщ зым езыр зыгъэлӀэн уӀэгъэм хуэдэ телът, ауэ а уӀэгъэр хъужыгъащ. ЩӀылъэм тет цӀыху псоми а хьэщхьэвылъэр ягъэщӀагъуэу, кӀэлъыкӀуэрт. ЦӀыхухэм благъуэжьыр ягъэлъэпӀащ абы хьэщхьэвылъэм тепщэныгъэ зэрыритам щхьэкӀэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan