Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 2:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр12 ТеубыдагъэкӀэ гугъуехь тшэчмэ, абы дригъусэу тепщэныгъэ диӀэнущ. «Абы и гъуэгу ирикӀуэхэм дащыщкъым», жытӀэмэ, езыми «Ахэр си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщкъым», къытхужиӀэнущ. Faic an caibideil |
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы цӀыху закъуэм ищӀа гуэныхьым къыхэкӀкӀэ лӀэныгъэм дунейм и цӀыхухэм тепщэныгъэ яхуиӀэ хъуащ. Ауэ абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэ цӀыху закъуэм, Хьисэ Мэссихь Ӏуэхуу ищӀам щхьэкӀэ цӀыхухэм тепщэныгъэ яӀэнущ. Сыту жыпӀэмэ, Тхьэм и нэфӀыр абыхэм ину ящыхуэурэ, пщӀэ ямыту щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэм папщӀэ гъащӀэ щыпкъэр ягъуэтынурэ, тепщэныгъэ яӀэнущ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху гуэрхэм фымыщӀэххэу зыкъыфхагъэзэрыхьащ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуэншэнур и псалъэ тхахэм куэд щӀауэ хэтщ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ абыхэм я гум илъкъым. Ди Тхьэм и нэфӀ цӀыхухэм къазэрыщыхуэм и хъыбарыр къагъэсэбэп абыхэм, мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратын щхьэкӀэ. Ди пашэ икӀи ди Зиусхьэн закъуэ Хьисэ Мэссихьыр ягукӀэ ящтэркъым.
Тахътэхэри а тахътэхэм тес адрей цӀыхухэм хьэкум ятезыщӀыхьыну Тхьэм тепщэныгъэ зрита цӀыхухэри слъэгъуащ итӀанэ. Хьисэ щыхьэт хуэхъуу, Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр ирагъэдаӀуэу зэрыщытам щхьэкӀэ зи щхьэ паупщӀахэм я псэхэри слъэгъуащ. Хьэщхьэвылъэмрэ абы и сурэтымрэ ягъэлъэпӀэгъакъым абыхэм, я натӀэми я Ӏэхэми хьэщхьэвылъэм и дамыгъэр традзэнуи ядэгъакъым. Ахэр къэхъужри, Мэссихь и гъусэу илъэс минкӀэ тепщэныгъэ яӀэ хъуащ.