Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 2:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 Мы псалъэхэр пэжщ: Мэссихь дригъусэу дылӀамэ, дригъусэуи дыщыӀэнущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 2:11
12 Iomraidhean Croise  

ТӀэкӀу дэкӀмэ, дунейм и цӀыхухэм салъагъужынукъым, ауэ фэ сыфлъагъунущ, сэ сопсэу, фэри фыпсэунущи.


Мэссихь гъусэ дыхуэхъури, ар зэрылӀам хуэдэу, дэри дызэрылӀам щхьэкӀэ, ар лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам хуэдэу, дэри абы дыщӀыгъуу лӀахэм дакъыхэтэджыкӀыжынущ.


Мэссихь дыщӀыгъуу дызэрылӀам щхьэкӀэ, дыщӀыгъуу дызэрыпсэунури ди фӀэщ мэхъу.


ЛъэкӀыныгъэ имыӀэу жорым ираӀулӀауэ щыт пэтми, Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ иджы псэущ. Мэссихь ди псэм щыщу дэри лъэкӀыныгъэ димыӀэ пэтми, Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ дэри Мэссихь ди гъусэу дыпсэунущ, дыфхуэлэжьэн щхьэкӀэ.


Ди пкъым хэлъу, Зиусхьэн Хьисэ и лӀэныгъэр къетхьэкӀ зэпытщ, Хьисэ и гъащӀэр нахуэу ди пкъым къыхэщын щхьэкӀэ.


ИтӀанэ дэ, псэууэ къэнахэр, абыхэм дащӀыгъуу Тхьэм уафэм дыдрихьеинущ, пшэхэм дахэту, хьэуам хэту Зиусхьэным дыщыӀущӀэн щхьэкӀэ. Зиусхьэным сыт щыгъуи дригъусэнущ итӀанэ.


Хьисэ, и фӀагъ къыдигъэкӀын щхьэкӀэ, лӀащ, къыщыкӀуэжкӀэ, дыпсэуми дылӀами, абы дригъусэу дыпсэун папщӀэ.


Мы псалъэхэр пэжщ, ахэр ящтэну цӀыху псоми яхуэфащэщ: Гуэныхь зыщӀэхэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, Мэссихь Хьисэ мы дунейм къэкӀуащ. Абыхэм ящыщу япэ итыр сэращ.


Мы псалъэхэр пэжщ: Члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэ хъуну зыгуэр хуеймэ, зи ужь итыр ӀуэхуфӀщ.


А псалъэхэр пэжщ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр фӀы щӀэным хэтын щхьэкӀэ, а Ӏуэхухэм уи нэӀэ ину тебгъэтыну сыхуейщ. А Ӏуэхухэр фӀыщ, я фӀагъ цӀыхухэм йокӀ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan