1 Аращи, си къуэ, ди псэм щыщ Мэссихь Хьисэ и нэфӀ къызэрыпщыхуэмкӀэ уи гур гъэбыдэ.
Фымыжейуэ фысакъ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фытемыкӀ, лӀыгъи быдагъи зыхэвгъэлъ.
ИкӀэм-икӀэжым, Зиусхьэным и лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ къару зивгъэӀэ.
ЛъэкӀыныгъэ къызэзыт Хьисэ Мэссихь и къарукӀэ псори сщӀэн слъэкӀынущ.
Си къуэ Тимофей, Тхьэм езым и псалъэу уэ къыптеухуауэ цӀыху гуэрхэм я гум кърилъхьэу къажригъэӀахэм тету мы унафэр ныпхузощӀ. А псалъэхэм тету зауэлӀыр фӀыуэ зэрызауэм хуэдэу,
Уэ, Тимофей, фӀэщхъуныгъэ узэриӀэм щхьэкӀэ, си къуэ пэжым хуэдэ хъуам, мы тхылъыр ныпхузотх. Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Мэссихь Хьисэу ди Зиусхьэнымрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэ, гущӀэгъуныгъэ, гузэгъэгъуэ къыплърес.
Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Хьисэ Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ дгъуэтыну Тхьэм дыкъызэригъэгугъам и хъыбарыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэну Мэссихь Хьисэ и апостол сыхъуащ.
Уэ, фӀыуэ слъагъу си къуэ Тимофейм, мы тхылъыр ныпхузотх. Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ ди Зиусхьэн Мэссихь Хьисэрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэ, гущӀэгъуныгъэ, гузэгъэгъуэ къыплърес.
Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу ди гум кърилъхьам ди гум шынагъуэ кърилъхьэркъым, атӀэ лъэкӀыныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, зышыӀэныгъэр ди гум илъ ещӀ.
Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэм си фӀагъ езгъэкӀын щхьэкӀэ, шыӀэныгъэкӀэ гугъуехь псори сошэч. Апхуэдэу, Мэссихь Хьисэ я псэм зэрыщыщым папщӀэ ахэри мыкӀуэду къелынущ, мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэ яӀэ хъунущ.
Хамэ псоми зэхахын щхьэкӀэ, езым и хъыбарыфӀ псори яхуэсӀуэтэну Зиусхьэныр къызбгъэдыхьэри къару къызитащ. Аслъэным и жьэм сыкъыжьэдихыжам хуэдэщ ар.
Ди Зиусхьэну ди КъегъэлакӀуэ Хьисэ Мэссихь и нэфӀыр зэпымыууэ къызэрыфщыхуэным икӀи езыр нэхъыфӀу зэрыфщӀэным и ужь фит. Ноби мыкӀуэдыж махуэм нэсыхуи щӀыхьышхуэр ейщ абы. Ӏэмин.