7 Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу ди гум кърилъхьам ди гум шынагъуэ кърилъхьэркъым, атӀэ лъэкӀыныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, зышыӀэныгъэр ди гум илъ ещӀ.
– Мис, блэхэми акърэбхэми фатеувэнуи, бийм и къару псоми фытекӀуэнуи тепщэныгъэ фэстащ; зым и зэрани къывэкӀынукъым.
– ЩӀалэм и тхьэмыщкӀагъэр къыщыгурыӀуэжым, и щхьэ хужиӀащ: «Си адэм и лӀыщӀэхэр сыт хуэдиз хъуми, абыхэм яшхын яхурикъуни къелыжыни яӀэщ, ауэ сэ мэжалӀэм сиукӀыу, мыбы сыщыӀэщ.
ФыкъэдаӀуэ, си Адэм фыкъызэригъэгугъар къыфхуезгъэхынущ. Ауэ уафэм къикӀыу къару къыфхуехыху, Ерусалим къалэм фыкъыдэнэ.
Къэхъуар зрагъэлъагъуну, цӀыхухэр дэкӀащ. Ахэр Хьисэ деж къыщыкӀуэм, жин бзаджэхэр зыхэкӀыжа лӀыр хуэпауэ, и акъыл къихьэжауэ, Хьисэ и лъапэм деж щысу ирихьэлӀащ. Ар щалъагъум, хуабжьу къэшынащ.
Гузэгъэгъуэ къыфхузогъанэ, си гузэгъэгъуэр фызот: Гузэгъэгъуэу сэ фэстыр дунейм къывитын лъэкӀынукъым. Фымыгузавэ икӀи фымышынэ.
– Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыщыфхуехкӀэ, лъэкӀыныгъэ фиӀэ хъунурэ, Ерусалим къалэми, Иудей, Самарие хэкухэми зэкӀэ дунейм и кӀэм нэсыху щыхьэт фыкъыщысхуэхъунущ.
Назарет щыщ Хьисэ и хъыбарыр фощӀэ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къаруушхуэмрэ абы къыхуригъэхащ. Тхьэр абы и гъусэу зэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху щхьэпэ ищӀэурэ, шейтӀаным и къарукӀэ хигъэзыхьа цӀыху псори игъэхъужу щытащ.
Сэ си псэр сэркӀэ лъапӀэу икӀи уасэ иӀэу сыбжыркъым, ауэ Зиусхьэн Хьисэ си пщэм кърилъхьа Ӏуэхур згъэзэщӀэн хуейщ: Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа хъыбарыфӀым цӀыхухэр езгъэдэӀуэну арщ.
Ар щызэхихым, Паул жэуап къитыжащ: – Сыт фщӀэр? Фыгъыу, сигу щхьэ хэвгъэщӀрэ? Сэ си Зиусхьэн Хьисэ и цӀэм щхьэкӀэ Ерусалим сыщапхын дэнэ къэна, сыщылӀэнуи сыхьэзырщ.
Синэгуэгу псоми абыхэм куэдрэ гугъуехь щезгъэшэчащ икӀи Хьисэ Ӏей зэрыхужезгъэӀэным сыхэтащ. АпхуэдизкӀэ гужьгъэжь яхузиӀэти, гугъуехь езгъэшэчын щхьэкӀэ, хамэ къалэхэм нэс сакӀэлъыкӀуэрт.
– Сэ си щхьэр зэкӀуэкӀакъым, щӀыхь зыхуэфащэ Фест, – жиӀащ Паул, – сэ жысӀэр псалъэ пэжщ, псалъэ захуэщ.
Стефан Тхьэм и нэфӀыр ину зыщыхуауэ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ цӀыхуу щытащ. Абы Ӏуэху телъыджэхэр илэжьырт, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэри цӀыхухэм я пащхьэм щигъэлъагъуэрт.
Ауэ Щаул нэхъ лъэкӀыныгъэ иӀэ хъуащ. Хьисэ зэры-Мэссихьыр игъэщыпкъэжурэ, Дамаск дэс журтхэм езым къыжраӀэнур ямыщӀэу къигъэнащ.
Дызэрыщыгугъым дыхущӀригъэгъуэжыркъым, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу къыдитамкӀэ абы и фӀылъагъуныгъэр ди гум ину кърилъхьащи.
Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гум кърилъхьам фигъэпщылӀу икӀи фигъэшынэу щыткъым. Ауэ Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гум кърилъхьам Тхьэм и бын хуэдэу фелъытэ. Езым и Псэ ЛъапӀэм, «Аббэ, Адэ лъапӀэ», жытӀэу, Тхьэм дрегъаджэ.
КъыжысӀахэмрэ хъыбару къыфхуэсӀуэтахэмрэ яхэтакъым цӀыхум и акъылыфӀагъэр яӀэу, фи фӀэщ зыгъэхъун псалъэхэр, ауэ си псалъэхэр къигъэпэжу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и къарур яӀэт.
Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ фӀыхэр мыращ: ФӀылъагъуныгъэр, гуфӀэгъуэр, гузэгъэгъуэр, шыӀэныгъэр, фӀыгъуэр, гущӀэгъуныгъэр, фӀэщхъуныгъэр,
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ фи фӀылъагъуныгъэм и хъыбари къытхуиӀуэтащ.
икӀи лӀэныгъэм зэрыщышынам папщӀэ, псэухукӀэ шейтӀаным и пщылӀу щытахэр щхьэхуит ищӀын щхьэкӀэ.
Щыпкъагъэм фызэредэӀуам щхьэкӀэ фи гур къабзэ хъуащ. Фи къуэшхэр, пцӀы хэмылъу, фӀыуэ фолъагъу. Гу къабзагъэкӀэ фӀыуэ фызэрылъагъу зэпыт,
Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр зи гум илъыр шынэркъым, шынагъуэр фӀылъагъуныгъэ нэгъэсам щхьэщехри. Шынагъуэр къемэтмахуэм и гугъуехь шэчыным епхащ. Шынэ цӀыхум и гум фӀылъагъуныгъэ нэгъэсар илъкъым.