Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 1:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 Онесифор и унагъуэм гущӀэгъу къыхурещӀ Зиусхьэным, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы си гур куэдрэ игъэзэгъащ, Ӏэпхлъэпх сыщащӀами и щӀыб кэысхуигъэзэжакъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 1:16
27 Iomraidhean Croise  

ТалантитӀ зритами нэгъуэщӀ талантитӀ къилэжьащ.


Гъуэгу махуэ теуващ гущӀэгъу зиӀэхэр, абыхэм гущӀэгъу ягъуэтынущи.


Арати, дзэпщыр зауэлӀхэм ябгъэдыхьэри, Паул яригъэубыдащ. Абы гъущӀ Ӏэхъулъэхъу иралъхьэну унафэ яхуищӀащ. ЦӀыхухэм еупщӀащ итӀанэ: – Мыр хэт? Сыт ищӀар?


Ӏуэхухэр апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэщ фыслъагъуну икӀи сынывэпсэлъэну фыкъыщӀезгъэшар. Израил лъэпкъым гугъапӀэфӀу иӀэм щхьэкӀэщ си Ӏэм Ӏэхъулъэхъу щӀралъхьар.


Абыхэм сэ сигури фэ фигури ягъэпсэхужащ. Апхуэдэ цӀыхухэм щӀыхь яхуэфщӀ.


Ӏэпхлъэпх сащӀауэ, мы хъыбарыфӀым срилӀыкӀуэщ. ХъыбарыфӀыр гушхуэныгъэкӀэ къызэрыжысӀэн хуейм хуэдэу къыжысӀэну, Тхьэм фысхуелъэӀу.


Аращ мы гугъуехьыр щӀэсшэчыр, ауэ сыдзыхэркъым, фӀэщхъуныгъэ зыхузиӀэ Хьисэ Мэссихь сощӀэ, езыми си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум а махуэм нэсыху ар къыхуэсакъын зэрылъэкӀынум сыщогугъри.


Ар Рим къалэшхуэм къыщыкӀуам, сыкъигъуэтыху, емышу сыкъилъыхъуащ.


Къемэтмахуэм Зиусхьэным гущӀэгъу къыхурещӀ. Ефес къалэм куэдрэ къыщыздэӀэпыкъуу зэрыщытар уэ фӀыуэ уощӀэ.


Ди Зиусхьэным умыдзыхэу щыхьэт хуэхъу. Сэри абы сызэрыхуэлажьэм къыхэкӀкӀэ, лъэхъуэщым сызэрыщӀадзам папщӀэ емыкӀу сыкъыумыщӀ, хъыбырыфӀым щхьэкӀэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ гугъуехь къыздэшэч.


Прискиллэ, Акилэ, Онесифор и унагъуэм фӀэхъус схуехыж.


Аращ, си къуэш, Зиусхьэным щхьэкӀэ уи фӀагъ къызэгъэкӀ. Зиусхьэныр уи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ си гур гъэзагъэ.


Уи фӀылъагъуныгъэмкӀэ ину сыбгъэгуфӀащ икӀи си гур бгъэзэгъащ, си къуэш, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я гур бгъэзэгъащи.


Лъэхъуэщым щӀэсхэм гугъуехь ядэфшэчырт. ЦӀыхухэм фи мылъкур зэрыфтрахар фигуапэу къабыл фщӀащ, абы нэхърэ нэхъ мылъкуфӀу мыкӀуэдыжынур уафэм зэрыщывиӀэр фщӀэрти.


Тхьэр захуэщ. Фэ влэжьа Ӏуэхур щыгъупщэнукъым. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъуамкӀи иджыри дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъумкӀи Тхьэм хуэвгъэлъэгъуа фӀылъагъуныгъэр щыгъупщэнукъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan