Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 1:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 ауэ иджы дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь къызэрылъэгъуамкӀэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр нахуэ къэхъуащ. Хьисэ Мэссихь лӀэныгъэр игъэкӀуэдащ, хъыбарыфӀымкӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ къытхуигъэнэхуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха етӀуанэ тхылъ 1:10
58 Iomraidhean Croise  

КӀыфӀыгъэ хэмылъу уипкъ псом нэхур щызмэ, уи пкъыр зэрыщыту нэху щытынущ, уэздыгъэ нэхум укъызэригъэнэхум хуэдэу.


Арати, хэдэзехьэм жриӀащ: «Мис, илъэсищ хъуауэ, мы жыгым зыгуэр къыпыкӀэмэ, сеплъыну сыкъокӀуэ, ауэ къыпыкӀаӀауэ згъуэтыркъым. Ауэ щыхъукӀэ, къиупщӀыкӀыж, сыт щӀыр щӀигъэхьэулеин хуейр мыбы?»


ФымыкӀуэду фыкъезыгъэлынур Даут и къалэм нобэ къыщалъхуащ, ар Зиусхьэну Мэссихьыр аращ.


Нэху пэжу цӀыху псори къэзыгъэнэхур дунейм къытехьэну щытащ.


Гъуэгури, щыпкъагъэри, гъащӀэри сэращ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си гъуэгу иримыкӀуэмэ, Адэ лъапӀэм деж зы цӀыхуи кӀуэн лъэкӀынукъым.


Мы Ӏуэхухэр щӀэттхар Хьисэ Мэссихь Тхьэм и Къуэу зэрыщытымкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъун папщӀэщ, Хьисэ и цӀэкӀэ мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ хъун щхьэкӀэщ а фӀэщхъуныгъэмкӀэ.


– Уэ жыпӀам и закъуэкъым фӀэщхъуныгъэ диӀэ зыгъэхъуар, – жраӀащ абыхэм цӀыхубзым, – атӀэ ди тхьэкӀумэкӀэ зэхэтхащ езым жиӀэр, дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр пэжу арауэ зэрыщытыр къэтщӀащ.


Апхуэдэу щыт пэтми, а гъащӀэр фиӀэ хъун щхьэкӀэ, си деж фыкъэкӀуэну фыхуейкъым.


А лӀым къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу, израил цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр Хьисэщ; Тхьэм ар абыхэм къахуигъэкӀуащ, я адэжьхэр къызэригъэгугъам тету.


Израил цӀыхухэм ятелъ гуэныхьхэмкӀэ щӀригъэгъуэжу, ахэр къахуигъэгъун щхьэкӀэ, Тхьэм Хьисэ Зиусхьэну икӀи КъегъэлакӀуэу уафэм дришеижри, езым и ижьырабгъумкӀэ зыбгъэдигъэтӀысхьащ.


ФӀы щӀэным хэт зэпыту щӀыхьышхуэм, лъытэныгъэшхуэм, мылӀэныгъэм я ужь итхэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яритынущ.


Апхуэдэу жытӀэмэ Торэт хабзэр фӀэщхъуныгъэмкӀэ дгъэкӀуэдрэ? Хьэуэ, дгъэкӀуэдыркъым, атӀэ Торэт хабзэр догъэщыпкъэ.


Ди щэныжьыр бзаджэр Мэссихь щӀыгъуу жорым зэрыраӀулӀар дощӀэ, ди гум илъ гуэныхьым и лъэкӀыныгъэр кӀуэдын щхьэкӀэ. Гуэныхь лэжьыным дрипщылӀыжынукъым дэ афӀэкӀа.


Иужьрей бийуэ Тхьэм игъэкӀуэдынур лӀэныгъэр арщ;


Аращи, игъуэ нэмысауэ, Зиусхьэнри къэмыкӀуэжауэ, Ӏуэху гуэрым хьэкум тевмыщӀыхь. КӀыфӀыгъэм щӀиуфар Зиусхьаным къигъэнэхуэнущ, цӀыхухэм я гум илъри нахуэ къищӀынущ. Тхьэм хэти хуэфащэ щӀыхьыр къритыжынущ абы щыгъуэ.


Мы ди пкъыу тэхъуанэм хуэдэм дыщыпсэуху, догумэщӀ икӀи гузэвэгъуэм дыхэтщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лӀэн хуей пкъыр къызэднэкӀыну дыхуейкъым, итӀанэ уафэм щыщ пкъыр къызэрытхалъхьэным дыщӀокъу. Апхуэдэу, лӀэн хуейм и пӀэр гъащӀэм иубыдынущ.


Фэ Торэт хабзэм итхэр вгъэзащӀэмэ, Тхьэм щыпкъагъэ фиӀэу филъытэн фи гугъэжурэ, Мэссихь фыбгъэдэкӀащ. Тхьэм и нэфӀи къыфлъэӀэсыжыркъым.


Фэ фи гур къигъэплъэжынуи Тхьэм солъэӀу. Апхуэдэу сыщӀелъэӀур Тхьэм фыкъызыхуриджа гугъэр фщӀэн щхьэкӀэщ. ИтӀани езым и цӀыху лъапӀэхэм драгъусэу щӀыхьышхуэ зиӀэ Ӏыхьэшхуэу Тхьэм къытлъигъэсри фщӀэн щхьэкӀэщ сыщӀелъэӀур.


Тхьэм и мурад щэхуу Мэссихь иригъэгъэзэщӀэну иухар игъуэу зэрилъытам тету дэ къыдгуригъэӀуащ.


Бзаджагъэм и цӀыхур къэлъэгъуэнущ итӀанэ. Зиусхьэн Хьисэ щӀыхьышхуэ иӀэу къыщыкӀуэжкӀэ, зэрыбауэ ишэ жьымкӀэ ар иукӀынущ икӀи игъэкӀуэдыжыпэнущ.


Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Хьисэ Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ дгъуэтыну Тхьэм дыкъызэригъэгугъам и хъыбарыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэну Мэссихь Хьисэ и апостол сыхъуащ.


Ди Зиусхьэным умыдзыхэу щыхьэт хуэхъу. Сэри абы сызэрыхуэлажьэм къыхэкӀкӀэ, лъэхъуэщым сызэрыщӀадзам папщӀэ емыкӀу сыкъыумыщӀ, хъыбырыфӀым щхьэкӀэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ гугъуехь къыздэшэч.


Тхьэм и пащхьи, псэухэмрэ лӀахэмрэ хьэкум ятезыщӀыхьыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и пащхьи, Мэссихь дунейм къызэрыкӀуэжынумкӀи, абы тепщэныгъэу иӀэмкӀи быдэу унафэ ныпхузощӀ:


Иджы Зиусхьэным щыпкъагъэм и тажыр схуигъэхьэзыращ. А тажыр щыпкъагъэм тету хьэкум зыщӀэ Зиусхьэным къемэтмахуэм къысхуигъэфэщэнущ, ауэ сэ си закъуэкъым, ар дунейм къызэрыкӀуэжынум щыгуфӀыкӀа псори сэ сщӀыгъущ.


ЦӀыху псори мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэ къигъэлъэгъуащ.


Апхуэдэу дыпсэун хуейщ ди Тхьэшхуэу, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и щӀыхьышхуэр къыщылъэгъуэну махуэм дыпэплъэурэ. А гуфӀэгъуэ махуэр къызэрыкӀуэнум дыщыгугъыу дыпоплъэ.


Ауэ дикъегъэлакӀуэ Тхьэм и фӀыгъуэмрэ абы цӀыхухэм яхуиӀэ фӀылъагъуныгъэмрэ къыщытхуигъэнахуэм,


Тхьэм и хъыбарыр къывгурыӀуэну абы и нэхур къыщыфтепса блэкӀа махуэр фи гум къэвгъэкӀыж. ФыкъимыкӀуэтыжу и гъуэгу фрикӀуэу, а махуэхэм гугъуехьышхуэ куэд фшэчу щытащ.


Сэ, Симон Петр, мы тхылъыр сотх. Сэ Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, абы сриапостолщ. Ди Тхьэуэ дыкъезыгъэлыр Хьисэ Мэссихьщ. Абы и захуагъэщ зыми пэпщӀ мыхъун фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуар, апхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэращ мы тхылъыр зыхуэстхыр.


апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ ди Зиусхьэну, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и Тепщэныгъэшхуэу мыкӀуэдыжынум фыщӀыхьэну хуит фыхъунущ.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу дыпсэун щхьэкӀэ, дызыхуэныкъуэ псори Мэссихь Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ къыдитащ. Ар щӀилэжьар Тхьэуэ зи щӀыхьышхуэкӀи и фӀыгъуэшхуэкӀи и бынхэм ящыщ дыхъуну дыкъыхуезыджар зэрытщӀэращ.


А цӀыхухэм ди Зиусхьэну икӀи дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь зэрацӀыхуамкӀэ дунейм и бзаджагъэ фӀейм пэӀэщэ защӀауэ, ауэ итӀанэ бзаджагъэм зрагъэубыдыжмэ, ар зытрагъэкӀуэжурэ, икӀэм-икӀэжым абыхэм я Ӏуэхур япэм нэхърэ нэхъ Ӏей мэхъу.


Ди Зиусхьэну ди КъегъэлакӀуэ Хьисэ Мэссихь и нэфӀыр зэпымыууэ къызэрыфщыхуэным икӀи езыр нэхъыфӀу зэрыфщӀэным и ужь фит. Ноби мыкӀуэдыж махуэм нэсыхуи щӀыхьышхуэр ейщ абы. Ӏэмин.


Бегъымбар лъапӀэхэм къыжаӀа псалъэхэри ди Зиусхьэну КъегъэлакӀуэм фи апостолхэм къажригъэӀа унафэри фигу къэвгъэкӀыжыну сыхуейщ.


А гъащӀэр къэлъэгъуащ. Ар тлъэгъуащ, абы щыхьэти дыхуэхъуащ. А мыкӀуэдыжын гъащӀэу Адэ лъапӀэм деж щыӀам икӀи къытхуэлъэгъуам и хъыбар фхудоӀуатэ.


Адэ лъапӀэм дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, езым и Къуэр къызэригъэкӀуар ди нэгу щӀэкӀащ икӀи абы щыхьэт дыхуохъу.


НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр уафэм къехыу слъэгъуащ абы и ужькӀэ. Тепщэныгъэшхуэ иӀащ, къыпкърыкӀ нэхушхуэм дунейр къигъэнэхуащ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм. Тхьэм и жэнэтым ит жыгыу цӀыхухэм гъащӀэ къезытым къыпыкӀэм щыщ ишхыну хуит сщӀынущ текӀуэныгъэр къэзыхьыр.


МелыӀычхэм лӀэныгъэри лӀахэм я дунейри мафӀэм ис хым хадзащ итӀанэ. МафӀэм ис хыр етӀуанэ лӀэныгъэращ.


– ЦӀыхухэм гъащӀэ къезыт жыгым къыпыкӀэм щыщ яшхыну икӀи къалэм куэбжэмкӀэ дыхьэну хуит хъун щхьэкӀэ, Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэхэр гъуэгу махуэ теуващ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми нысащӀэми жаӀэ: «КъакӀуэ!» Ар зэхэзыхми жреӀэ: «КъакӀуэ!» Хэтми, псы хуэлӀэр кърекӀуэ. Хэт хуейми, цӀыхухэм гъащӀэ къезыт псым пщӀэ щӀимыту ирефэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan