Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Фессалоникэ II 3:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 ЗыдгъэхьэщӀэурэ, зыми и щӀакхъуэ бзыгъэ фӀэтшхакъым. АтӀэ гугъу зедгъэхьурэ, хуабжьу дылажьэурэ, фэ фщыщ зыми хьэлъэ дытемыхъуэн щхьэкӀэ, жэщи махуи лэжьыгъэм дыпэрытащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Фессалоникэ II 3:8
14 Iomraidhean Croise  

ЩӀакхъуэу дызыхуэныкъуэр нобэ къыдэт.


Я ӀэщӀагъэр зэрызэхуэдэм щхьэкӀэ Паул абыхэм я деж щыӀэу ядэлажьэрт. Абыхэм я ӀэщӀагъэр шэтыр щӀынырт.


Си гъусэхэмрэ сэрэ ди дызыхуэныкъуэр си ӀэхэмкӀэ къызэрызлэжьар фощӀэ.


Ди ӀэкӀэ дылажьэурэ, гугъу зыдогъэхь дэ. ЦӀыхухэр къыщытхуэшхыдэкӀэ, «Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуэ» яжыдоӀэж. ЦӀыхухэм гугъу дыщрагъэхькӀэ, зыхудогъэщэч.


Дэри дышхэну икӀи дефэну дыхуимыту ара?


Куэду сызэрылэжьам сригъэшащ, сымыжейуэ жэщ куэд згъэкӀуащ; сымэжэлӀащ, псыи сыхуэлӀащ, шхын щызмыгъуэт куэдрэ къысхуихуащ; дунейр щыщӀыӀэми, ирикъуну зыщыстӀэгъэн симыӀэу сыщытащ.


Македонием къикӀыу къэкӀуа къуэшхэм сызыхуэныкъуэр къысхуащӀащ. Хьэлъэ сызэрыфтемыхъуэным сыт и лъэныкъуэкӀи сыхэтащ икӀи сыхэтынущ.


ДыгъуакӀуэр иремыдыгъуэж, ар ирелажьи, и ӀэхэмкӀэ фӀы ирырелэжь, щыщӀагъэ зиӀэхэм ядигуэшын иӀэн щхьэкӀэ.


Ди къуэшхэ, куэду дызэрылажьэу щытари, гугъуехь ттелъу дылажьэу зэрыщытари фи гум къэвгъэкӀыж. Фэ фщыщ зыми хьэлъэ дытемыхъуэн щхьэкӀэ, Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр щыфхуэтӀуатэм, жэщи махуи дылэжьащ.


Ӏэсэу фыщыт, нэгъуэщӀ цӀыхухэм я Ӏуэхум фи Ӏуэху хэвмылъхьэу, фи ӀэхэмкӀэ фылажьэу фызэрыпсэуным фыщӀэкъу, унафэ зэрыфхуэтщӀам хуэдэу.


Апхуэдэ цӀыхухэр Ӏэсэу лажьэурэ, езыхэм я щӀакхъуэ бзыгъэ яшхыжын щхьэкӀэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ унафэ яхудощӀ икӀи долъэӀу.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan