5 Тхьэм и фӀылъагъуныгъэми Мэссихь и теубыдагъэми фи гур Зиусхьэным хуреунэтӀ.
Сымыгъуэщ сэ, Мэшэх деж сыщыӀэщи, кедар цӀыхухэм я псэупӀэм ситщи.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
Дызэрыщыгугъым дыхущӀригъэгъуэжыркъым, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу къыдитамкӀэ абы и фӀылъагъуныгъэр ди гум ину кърилъхьащи.
Ауэ дэ ди нэкӀэ дымылъагъум дыщогугъри, шыӀэныгъэ диӀэу дыпоплъэ.
Тхьэр фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэу, езым и мурадым тету и бын хъуну къыхуриджахэм Ӏуэху псом я фӀагъ Тхьэм къазэрыригъэкӀыр дощӀэ.
Ауэ Тхьэр фӀыуэ зылъагъум Тхьэм къыбгъэдэкӀ щӀэныгъэ егъуэт.
Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ фӀыхэр мыращ: ФӀылъагъуныгъэр, гуфӀэгъуэр, гузэгъэгъуэр, шыӀэныгъэр, фӀыгъуэр, гущӀэгъуныгъэр, фӀэщхъуныгъэр,
Тхьэм и Къуэуэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжар уафэм къызэрехыжынум фыпоплъэ – Тхьэм и губжь къэкӀуэнум дыкъыӀэщӀэзышыжынур Хьисэщ.
Ди Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэм и пащхьэм фи фӀэщхъуныгъэм ӀуэхуфӀхэр зэрывигъэщӀам и гугъу зэпымычу щыдощӀ. Фэ фи фӀылъагъуныгъэм куэд зэрывигъэлэжьами, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь фыщыгугъыурэ, фызэрыпэплъэм щхьэкӀэ теубыдагъэ фиӀэ зэрыхъуами я гугъу Тхьэм и пащхьэм сыт щыгъуи щыдощӀ.
Езы ди Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ фи деж дынэкӀуэжыну гъуэгу къытхузэӀурах.
Иджы Зиусхьэным щыпкъагъэм и тажыр схуигъэхьэзыращ. А тажыр щыпкъагъэм тету хьэкум зыщӀэ Зиусхьэным къемэтмахуэм къысхуигъэфэщэнущ, ауэ сэ си закъуэкъым, ар дунейм къызэрыкӀуэжынум щыгуфӀыкӀа псори сэ сщӀыгъущ.
Апхуэдэу дыпсэун хуейщ ди Тхьэшхуэу, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и щӀыхьышхуэр къыщылъэгъуэну махуэм дыпэплъэурэ. А гуфӀэгъуэ махуэр къызэрыкӀуэнум дыщыгугъыу дыпоплъэ.
Апхуэдэуи цӀыху куэдым я гуэныхьхэр ятрихыну Мэссихьи зэ къурмэныпхъэ зищӀащ. ИтӀани зэ къэлъэгъуэжынущ ар. ЦӀыхухэм я гуэныхьхэр ящхьэщихын щхьэкӀэкъым, абы щыгъуэ къыщӀэкӀуэжынур, атӀэ езыр къызэрыкӀуэжынум щыгугъыу пэплъэ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.
Си къуэш лъапӀэхэ, фыкъэдаӀуэ! Мы дунейм и цӀыху тхьэмыщкӀэхэракъэ Тхьэм къыхихар, фӀэщхъуныгъэмкӀэ къулеигъэ пэжыр ягъуэтыжын, Тхьэр фӀыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа тепщэныгъэшхуэмкӀэ я ӀыхьэфӀыр къалъысын щхьэкӀэ.
Аращи, Мэссихь и пкъымкӀэ гугъуехь зэришэчам щхьэкӀэ фэри абы и гупсысэкӀэкӀэ фигу вгъэбыдэн хуейщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зипкъкӀэ гугъуехь зышэчар гуэныхь Ӏуэху хэтыжкъым.
Тхьэм япэщӀыкӀэ дэ фӀыуэ дызэрилъэгъуам щхьэкӀэ дэ ди гуми фӀылъагъуныгъэ илъщ.
Сэ, Иуану фи къуэшыр, Хьисэ ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ гузэвэгъуэу фызыхэтым сыщывигъусэщ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм сывигъусэуи сыщӀэтщ, сывигъусэуи теубыдагъэ сиӀэу сопсэу. Тхьэм и псалъэхэмрэ Хьисэ Мэссихь и щыхьэтыгъэмрэ цӀыхухэр зэрезгъэдаӀуэм щхьэкӀэ, Патмос хытӀыгум сагъэкӀуауэ сыщыӀащ.
ЦӀыхухэр лъэхъуэщым щӀэзыдзэр езыр лъэхъуэщым щӀадзэнущ. ДжатэкӀэ зыукӀыр Езыр джатэкӀэ яукӀыжынущ. Аращи, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм теубыдагъэрэ щыпкъагъэрэ ярыреӀэ.