Фессалоникэ II 3:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр4 Ди унафэхэр зэрывгъэзащӀэмкӀэ икӀи зэрывгъэзэщӀэнумкӀэ Зиусхьэным дыфщегъэгугъ. Faic an caibideil |
Си псалъэхэмкӀи, злэжьа ӀуэхухэмкӀи, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмрэ Ӏуэху телъыджэхэмрэ я лъэкӀыныгъэкӀи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи хамэ лъэпкъхэр Тхьэм езгъэдэӀуэну Мэссихь сигъэщӀа Ӏуэхухэм фӀэкӀа сытепсэлъыхьыну сытегушхуэркъым. Ерусалим къыщыщӀэдзауэ Иллирик хэкум нэсыху, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр дэнэкӀи цӀыхухэм нэсауэ ялъэзгъэӀэсащ.