12 Апхуэдэ цӀыхухэр Ӏэсэу лажьэурэ, езыхэм я щӀакхъуэ бзыгъэ яшхыжын щхьэкӀэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ унафэ яхудощӀ икӀи долъэӀу.
ЩӀакхъуэу дызыхуэныкъуэр махуэ къэс къыдэт.
ДыгъуакӀуэр иремыдыгъуэж, ар ирелажьи, и ӀэхэмкӀэ фӀы ирырелэжь, щыщӀагъэ зиӀэхэм ядигуэшын иӀэн щхьэкӀэ.
ИкӀэм-икӀэжым, ди къуэшхэ, мыр нывжызоӀэ. Тхьэм игу фрихьын щхьэкӀэ, фызэрыпсэун хуейр фэдгъэщӀащ. Апхуэдэуи фопсэу. Апхуэдэу сыт щыгъуи фыпсэуну Мэссихь Хьисэ и цӀэкӀэ дыныволъэӀу икӀи фхудогъэбыдэ.
Ӏэсэу фыщыт, нэгъуэщӀ цӀыхухэм я Ӏуэхум фи Ӏуэху хэвмылъхьэу, фи ӀэхэмкӀэ фылажьэу фызэрыпсэуным фыщӀэкъу, унафэ зэрыфхуэтщӀам хуэдэу.
ЗыдгъэхьэщӀэурэ, зыми и щӀакхъуэ бзыгъэ фӀэтшхакъым. АтӀэ гугъу зедгъэхьурэ, хуабжьу дылажьэурэ, фэ фщыщ зыми хьэлъэ дытемыхъуэн щхьэкӀэ, жэщи махуи лэжьыгъэм дыпэрытащ.
Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу, гукъабзагъэкӀэ, мамыру икӀи дигу зэгъауэ дыпсэуфын щхьэкӀэ, пащтыхьхэмрэ тепщэныгъэ зиӀэхэмрэ Тхьэм фахуелъэӀу.