1 ИкӀэм-икӀэжым, ди къуэшхэ, фи деж зэрыщыхъуам хуэдэу, Зиусхьэным и хъыбарыфӀыр дэнэкӀи цӀыхухэм ялъэӀэсыну икӀи цӀыхухэм а хъыбарыфӀым щӀыхь хуащӀыну Тхьэм фелъэӀу.
СызыщытӀысри сыкъыщытэджыжри Уэ уощӀэ. Си гупсысэхэр жыжьэу къыбощӀэ.
Аращи, гъавэр Ӏуахыжьын щхьэкӀэ, лэжьакӀуэхэр къигъэкӀуэну гъавэр зейм фелъэӀу.
Мыпхуэдэу яжриӀащ абыхэм: – Гъавэр куэдщ, ауэ лэжьакӀуэхэр мащӀэщ. Аращи, гъавэр Ӏуахыжын щхьэкӀэ, лэжьакӀуэхэр къигъэкӀуэну гъавэр зейм фелъэӀу.
Тхьэм и псалъэхэм, цӀыху нэхъыбэм ялъэӀэсурэ, заубгъурт.
Апхуэдэу, Зиусхьэным и псалъэхэм ину заубгъуурэ, цӀыху нэхъыбэм ялъэӀэсащ.
Арати, Тхьэм и псалъэхэм а лъэныкъуэмкӀэ ину зыщаубгъурт. ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм Ерусалим куэд щыхэхъуащ. Дин пашэхэм ящыщ куэдми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.
Си къуэшхэ, мыбыкӀэ сыныволъэӀу: ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ фӀылъагъуныгъэм щхьэкӀи, гъусэ фыкъысхуэхъуи, Тхьэм фи фӀэщу фысхуелъэӀу.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ куэбжэшхуэ икӀи куэбжэ бгъуфӀэ Тхьэм къысхузэӀуихащ, къыспэувхэри куэдщ.
Апхуэдэу, цӀыху куэдыр Тхьэм тхуелъэӀунурэ, Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэнущ, абы и нэфӀ къызэрытщыхуам щхьэкӀи цӀыху куэдым ди цӀэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀынущ.
ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, фыгуфӀэ, фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фызэрыхъуным фыхущӀэкъу, фыгушхуэ, фи гупсысэкӀэр зы ирехъу, гузэгъэгъуэ фиӀэу фыпсэу. ФӀылъагъуныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ зи деж къикӀ Тхьэр фи гъусэнущ итӀанэ.
Тхьэм дэри фытхуелъэӀу. Мэссихь теухуа Ӏуэху щэхухэр цӀыхухэм едгъэщӀэн папщӀэ, хъыбарыфӀым щхьэкӀэ бжэр къытхузэӀуихыну Тхьэм фелъэӀу. А хъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрезгъащӀэращ лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀыщӀэсыр.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хъыбарыфӀыр къызэрыфлъэдгъэӀэсар псалъэ къудейкъым, атӀэ къарукӀи Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи хъыбарыфӀыр къыфлъэдгъэӀэсащ, нэгъэсауэ ар фи фӀэщ дгъэхъуащ. Дыщыфхэтым, ди фӀагъ фэдгъэкӀыу дызэрыфхущытар фощӀэ.
Зиусхьэным теухуа хъыбарыфӀыр фи деж икӀыурэ здынэсар Македоние, Ахаие хэкухэм я закъуэкъым, атӀэ ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъуам и хъыбарыр цӀыхухэм дэнэкӀи щащӀэ хъуащ. Аращи, а Ӏуэхум теухуауэ абы нэхърэ нэхъыбэ цӀыхухэм щӀажетӀэн щыӀэкъым,
Фи деж дынызэрыкӀуар пщӀэншэ зэрымыхъуар фощӀэ.
Тхьэм фӀыщӀэ зэпымыууэ худощӀ. Тхьэм и псалъэхэр щыфлъэдгъэӀэсам, цӀыхухэм я псалъэхэм хуэмыдэу, атӀэ Тхьэм и псалъэхэм хуэдэу фщтащ, ипэжыпӀэкӀи Тхьэм и псалъэщ ахэр. А псалъэхэр фэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, фи гум илъщи, ӀуэхуфӀ фи гум щалэжь.
ИкӀэм-икӀэжым, ди къуэшхэ, мыр нывжызоӀэ. Тхьэм игу фрихьын щхьэкӀэ, фызэрыпсэун хуейр фэдгъэщӀащ. Апхуэдэуи фопсэу. Апхуэдэу сыт щыгъуи фыпсэуну Мэссихь Хьисэ и цӀэкӀэ дыныволъэӀу икӀи фхудогъэбыдэ.
Тхьэм зэпымыууэ фелъэӀу.
Ди къуэшхэ, Тхьэм фытхуелъэӀу.
гугъуехь зыхуэсшэчу, бзаджащӀэм хуэдэу Ӏэпхлъэпх къысщӀралъхьар. Ауэ Тхьэм и псалъэхэм Ӏэпхлъэпх иралъхьэн ялъэкӀынукъым.