Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Фессалоникэ II 2:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ бзаджагъэм и лъэкӀыныгъэ щэхум Ӏуэху ещӀэ иджы. Ауэ бзаджагъэм и цӀыхум иджыри къэс гъуэгу езымытар япэщӀыкӀэ Ӏуахыжьын хуейщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Фессалоникэ II 2:7
9 Iomraidhean Croise  

Сэ дунейм сехыжа нэужь, хъушэм щымысхьыну дыгъужь бзаджэхэр къызэрыфхыхьэнур сощӀэ.


Бзаджагъэм и цӀыхум иджы гъуэгу езымытыр фэ фощӀэ. Ауэ игъуэр къыщыскӀэ, бзаджагъэм и цӀыхур къэлъэгъуэнущ.


Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.


Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, мыр иужьрей дыдэ зэманщ. Антихрист къэкӀуэну зэрызэхэфхам хуэдэу, Антихрист куэд къэкӀуащ иджы. Апхуэдэу, и ужь дыдэ зэманыр къызэрысар дощӀэ.


Хьисэ Мэссихь дунейм цӀыхуу къызэрыкӀуам шэч къытезыхьэ дэтхэнэми и гум Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр илъкъым. А цӀыхум и гум илъыр Антихрист и псэр арщ. Ар къызэрыкӀуэнур зэхэфхащ. Ар дунейм къытехьакӀэщ иджы.


И натӀэми цӀэ гуэр тетхат: «Мыр щэхущ. Мыр Бабилэнышхуэу псэжь псоми щӀылъэм и гущыкӀыгъуэхэми я анэщ».


МелыӀычым мыпхуэдэу къызжиӀащ абы щыгъуэ: – Сыт щӀэбгъэщӀагъуэр? ЦӀыхубзымрэ щхьибл зыпыт икӀи бжьакъуипщӀ зытет хьэщхьэвылъэу цӀыхубзыр зытесымрэ къикӀыр ныбжесӀэнущ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan