Фессалоникэ II 2:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр2 Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэр къэсауэ жиӀэу, цӀыху гуэрым Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм езым и гум кърилъхьа хуэдэу пцӀыкӀэ жиӀэми, е цӀыхухэм а махуэр къэсауэ жаӀэми, е дэ тхылъкӀэ апхуэдэу ттхауэ цӀыхухэм жаӀэми, а Ӏуэхум щӀэхыу фытемыгузэвыхь икӀи фытемышыныхь. Faic an caibideil |
Ауэ шым тесымрэ абы и дзэмрэ хьэщхьэвылъэр яубыдащ, хьэщхьэвылъэм и пащхьэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр щызыгъэлъэгъуэгъа бегъымбар нэпцӀри яубыдащ. Хьэщхьэвылъэм а нэщэнэхэмкӀэ езым и дамыгъэр зытедза цӀыхуу, абы и сурэтыр зыгъэлъапӀэхэр дихьэхыгъащ. Шым тесымрэ абы и дзэмрэ хьэщхьэвылъэри бегъымбар нэпцӀри яубыда нэужь, тхъуэбзащхъуэм и мафӀэм ис хым а тӀур псэууэ хадзащ.