Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Фессалоникэ II 2:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 КӀуэдыпӀэм и гъуэгу тет цӀыхухэр сыт хуэдэ бзаджагъэкӀи игъэпцӀэнущ. Ахэр щӀэкӀуэдыр, мыкӀуэду зыкърагъэлын щхьэкӀэ, щыпкъагъэр фӀыуэ ялъагъун зэрамыдар арщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Фессалоникэ II 2:10
29 Iomraidhean Croise  

– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ фэ, ауэ адрей цӀыхухэм къаритакъым, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


Тхьэм дунейм и цӀыхухэр игъэкъуэншэну аракъым езым и Къуэр дунейм къыщӀигъэкӀуар, атӀэ и Къуэм къыпкърыкӀэу дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.


Зы цӀыху гуэри щыхьэт къыстехъуэну сэ сыхуэныкъуэкъым, ауэ фэ фымыкӀуэду Тхьэм фыкъригъэлын щхьэкӀэ, ар жызоӀэ.


Си къуэшхэ, си гур зыщӀэхъуэпсри Тхьэм сызэрелъэӀу зэпытри си лъэпкъ израил мыкӀуэду къригъэлыну арщ.


Апхуэдэ цӀыхухэр зыхуэлажьэр ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихькъым, зыхуэлажьэр я ныбэхэр аращ. ГъафӀэбзэрэ псалъэ дыгъэлкӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀхэр дахьэх.


Тхьэм фӀыщӀэ худощӀ. Гуэныхь щӀэным фрипщылӀу фыщытащ, ауэ иджы фызыщагъэгъуэза фӀэщхъуныгъэ Ӏуэхухэм фигукӀэ зефтауэ фыхуэпэжщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ кӀуэдыпӀэм и гъуэгу тетхэм я дежкӀэ жорым и хъыбарыр делагъэу щытщ, ауэ дэркӀэ, дымыкӀуэду Тхьэм къригъэлхэмкӀэ, Тхьэм и къарур жорым хэлъщ.


Зиусхьэныр фӀыуэ зымылъагъум Тхьэм и нейр къыщрехуэ. Маранафэ.


Апхуэдэ цӀыхухэр апостол нэпцӀхэщ, лэжьакӀуэ гъэпцӀакӀуэхэщ. Мэссихь и апостол хуэдэу, загъэӀу къудейщ.


Аращи, шейтӀаным хуэлажьэхэм, щыпкъагъэм хуэлажьэ хуэдэу, загъэӀумэ, ар шынагъуэкъым. Ялэжьа Ӏуэхухэм хуэфащэ кӀэух ягъуэтынущ абыхэм.


МыкӀуэду Тхьэм къригъэл цӀыхухэми, кӀуэдыпӀэм и гъуэгу тет цӀыхухэми дежкӀэ, дэ дызыхуэдэр Мэссихь и мэ гуакӀуэ къызыпих пэрымэу Тхьэм къыщӀихьэр арщ.


Тхьэм и псалъэхэр зэӀызыгъыхьэ цӀыху куэдым дахуэдэкъым. Мэссихь ди псэм щыщу, щыпкъагъэ ди гум илъу, Тхьэм дрилӀыкӀуэщи, езым и пащхьэм абы и псалъэхэр цӀыхухэм щахудоӀуатэ.


Толъкъунхэм адэ-мыдэкӀэ дызэрадзэу, сабийм дыхуэдэжынкъым итӀанэ, цӀыху гуэрхэм адрей цӀыхухэм ирагъащӀэ хъыбархэм я жьыбгъэ псоми дызэрахуэжыфынукъым. Адрей цӀыхухэр дэшэхыным хуэӀэзэ цӀыхухэм я пцӀыр къытхэзэгъэжынукъым итӀанэ.


Хамэ лъэпкъхэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлын щхьэкӀэ, хъыбарыфӀыр щахуэтӀуатэм, къытпэувыну хэтащ. Апхуэдэу я гуэныхьхэм я бжыгъэр и кӀэм нэс ягъэбагъуэурэ, зэтралъхьэ зэпытщ. Ауэ Тхьэм и губжьыр икӀэм-икӀэжым къатехуащ.


Апхуэдэу щыпкъагъэр зи фӀэщ мыхъу цӀыхуу бзаджагъэр зигу ирихь псори Тхьэм игъэкъуэншэнущ.


Ауэ Зиусхьэным фӀыуэ илъагъу фи къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм зэпымычу фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ, япэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ фымыкӀуэду фыкъригъэлын щхьэкӀэ, Тхьэм фыкъыхихащ. Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гур зыгъэкъабзэм и лъэкӀыныгъэкӀи, щыпкъагъэр фи фӀэщ зэрыхъуамкӀи фымыкӀуэду фыкърегъэл.


ЦӀыху псори мыкӀуэду къригъэлыну икӀи щыпкъагъэр ящӀэну хуейщ ар.


Гуэныхь щӀэным и хьилагъэкӀэ дишэхауэ фэ фщыщ гуэрым и гур ерыщ мыхъун щхьэкӀэ, махуэ къэс фызэрыгъэгушхуэ, «Нобэ» жыхуаӀэ зэманым дыхэтыху.


Мы цӀыхухэр зыхуэдэр акъыл зимыӀэ хьэкӀэкхъуэкӀэу я хьэл Ӏейуэ къыдалъхуам кърихуэкӀхэращ. А цӀыхухэр яубыдын икӀи ягъэкӀуэдын щхьэкӀэ, къалъхуащ. Зыри зыхамыщӀыкӀ Ӏуэхухэм яхуошхыдэ. НэгъуэщӀ цӀыхухэр зэрагъэунэхъумкӀэ езыхэм загъэунэхъуж.


Абыхэм пагагъэ зыхэлъ псалъэхэмрэ пщӀэ зимыӀэ псалъэхэмрэ къыжаӀэурэ, гъуэгу пхэнжым гъуэщауэ тетхэм къаӀэщӀэкӀыжыну хуежьа цӀыхухэр дашэх. Ахэр зэрыдашэх щӀыкӀэр мыращ: цӀыхум и гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэр ялэжьынэуи мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратынуи ягъэгушхуэ ахэр.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan